|
|
Статьи на кабардинском языке
22 июля, 2021 - 06:56
Театрхэм я лэжьэгъуэ пIалъэр зэриухам теухуа пшыхьхэр иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ. Илъэсым къриубыдэу абыхэм щIэ куэд утыку кърахьащ, нэхъ ипэкIэ ягъэувауэ щыта спектакль зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэщIэрэщIэжащ.
21 июля, 2021 - 14:29
«Валео Вита» клиникэм зи нэпкъпэпкъым дагъуэ иIэу къалъхуа сабийхэм я щытыкIэр къахутэу Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ. Хирургие IэмалхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу узыхуэхъуфыну цIыкIухэр къыхихащ, апхуэдэуи адэ-анэхэм чэнджэщ щхьэпэхэр яритащ жьэ къупщхьэ-нэпкъпэпкъ хирургиемкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ, дохутыр Iэзэ Баиев Хьэсэн.
21 июля, 2021 - 12:27
1829 гъэм кавалерием и генерал Эммануэль Георгий Арсентий и къуэм (1775 - 1837 гъгъ.) и жэрдэмкIэ къызэригъэпэщауэ щытащ щIэныгъэ зекIуэ ин, «бгырысхэм зауэ хуэIухуэщIэхэм къыщагъэсэбэп бдзамцIэр Iуащхьэмахуэрэ Къэнжал бгымрэ я Iэгъуэблагъэм къыщалъыхъуэн папщIэ.
21 июля, 2021 - 09:26
Урысейм альпинизмэм лъахэ хуэхъуащ ди Къэбэрдей-Балъкъэрыр. ЛIыгъэ зэхэгъэкIыпIэу уващ дуней псом щынэхъ бгы лъагэхэм ящыщ зы Iуащхьэмахуэ. Балъкъэрхэм Минги-Тау (Iуащхьэ мину зэхэт), персхэм - Эльборос (Бгы лъагэ), грузинхэм - Ялбуз (Уэс сок) - лъэпкъ куэдым цIэ мащIэ фIащакъым Кавказ къуршхэм я тхьэмадэм. Адыгэхэр я бгы лъапIэм IуащхьэмахуэкIэ йоджэ, «А бгы уардэм и зы Iуплъэгъуэр хущхъуэщ!
20 июля, 2021 - 06:28
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лэжьыгъэр зэпымыууэ щекIуэкIыу зы щIэныгъэ лъэщапIэ гъэщIэгъуэн иIэщ - щIыуэпсым и музейм геологие хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэр. Къызэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIами, абы и къэхутэныгъэхэм щIэупщIэ яIэщ, иригъэкIуэкI лэжьыгъэм пщIэ игъуэтащ.
20 июля, 2021 - 06:26
«Зелёная компания» ООО мэкъумэш IэнатIэу Кременчуг-Константиновкэ, Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) къуажэхэм щылажьэм губгъуэ хьэсэхэм джэшхъурейр (горох) бэву къыщрахьэлIэ-жащ. Мы махуэхэм ирихьэлIэу гектар 500-м щIигъу Iуахыжати, абы тонн мини 2,3-м нэблагъэ къытрахащ. Гектарым къытекIар, ику иту, центнер 45-м нызэрохьэс. КърахьэлIэжам и нэхъыбапIэр консерв заводхэм яшащ.
20 июля, 2021 - 06:22
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр зэрыщIагъэтIысхьэ Iуэхугъуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ зэрыхыхьэрэ мазищ дэкIащ. Мэкъуауэгъуэм и 12-р зэрыщIэтIысхьэ тхылъхэм я къеIыхыным и иужьрей махуэу щыта пэтми, абыхэм хэплъэныр, зэхэдзыныр, тхылъымпIэхэм я зэхэзекIуэм кIэлъыплъыныр иджыри увыIакъым, уеблэмэ лэжьыгъэ нэхъыбэ пыщIащ.
20 июля, 2021 - 06:19
КъумпIылым вакцинэр зыхрегъалъхьэ
АДЫГЕЙ. Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат коронавирусым зэрызыщахъумэ вакцинэр зыхригъэлъхьащ. Абы жиIащ ар уз зэрыцIалэм зэрыпэщIэт Iэмал нэхъыщхьэу икIи шынагъуэншэу къызэрилъытэр, узыфэр къэувыIэнымкIэ зэрыхэкIыпIэфIыр.
19 июля, 2021 - 07:21
Коронавирус узыфэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса оперативнэ штабыр бадзэуэгъуэм и 15-м арэзы техъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн узым зыщыхъумэным хуэгъэза профилактикэ мардэхэм нэхъ ткIийуэ тетынымрэ вакцинэр Iэмалыншэу зыхалъхьэн хуей цIыхухэм мастэр хаIунымрэ теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмхэм.
19 июля, 2021 - 07:19
Урысейм щыщ щIэныгъэлIи 120-м Президент Путин Владимир «Тхыгъэ зэIуха» хуагъэхьащ Адыгэ Республикэм хыхьэ Лъагъуэнакъэ тафэм щрагъэкIуэкIыну я мурад ухуэныгъэхэр и нэIэ щIигъэувэну елъэIуу.
Страницы
|