Статьи на кабардинском языке

УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, цIыхубэм и артист щэджащэ

Тут  Заур  и  ныбжьыр  нобэ  илъэс  70  ирокъу

ЛIЫХЪУЖЬХЭМ Я ФЭЕПЛЪУ

Волейбол

Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэда Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Аруан куейм щыщхэм я фэеплъ зэхьэзэхуэ волейболымкIэ иджыблагъэ Къэхъун къуажэм щызэхэтащ.

ЙОПИ И ШКОЛ

«Suomenmaa» фин газетым и корреспондент Митенев Валерий газетым къытридзащ и фин лэжьэгъу Хаапаваарэ Хейккихэ я деж хьэщIапIэ зэрыщыIар. Финнхэм зэрахабзэу, саунэм зэрыщIигъэсари, зэригъэхьэщIари етхыж абы икIи Хейкки и къуэ Йопи зэрызэригъэцIыхуам топсэлъыхь. Саунэм щIэлъ пхъэм къыхэщIыкIа къащыкъыр зыщIар Йопит. 

ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ЩIЭНЫГЪЭМ И ЖАГЪУЭГЪУКЪЫМ

Щэн-щэхуэным иуфэбгъуа ди хъуреягъым цIыху гухэлъыр нэгъунэ ахъшэм и унафэм щIэту къыпщегъэхъу. 

ПАСЭРЕЙ ХЬЭПШЫПХЭР НОБЭРЕЙ ГЪАЩIЭМ КЪЫХЕХЬЭЖ

IэпщIэлъапщIэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэм пызыщэхэр диIэщ. А Iуэхум елэжьхэм ящыщщ УФ-м и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ Тубей Валерэ и унагъуэр. И щхьэгъусэ ФатIими, и къуэ Мурати, езыри йолэжь пхъэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэIущIыкIыным. 

КАВКАЗЫМ И СИМФОНИЕ

ФокIадэм и 27-28-хэм Налшык къалэ щыхьэщIащ Ленинград областым и къэрал симфоние оркестрыр (и художественнэ унафэщI, дирижёр, КъБР-м и цIыхубэ артист Голиков Михаил и гъусэу), Адыгейм щIыхь зиIэ и артисткэ Чэныб Нэфсэт, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдокъуэ Мурат, «Голос» телезэпеуэм щытекIуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскер сымэ. Абыхэм концерт инхэмкIэ къалэдэсхэр ягъэгушхуащ. 

ПСЫБЕЙ-КХЪУЖЬЫБ

Мы цIэр зезыхьэ жылэшхуэу къалэ теплъэ зиIэр Краснодар крайм и Мостовской районым итщ. Километр 12 и кIыхьагъми, абы хуиту зригъэзэгъащ Лабэ ЦIыкIу щежэх тIуащIэм Къырылъэ шытхыр «щызэпитхъым» ипщэ лъэныкъуэмкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухам деж.   

ВАГЪУЭХЭР

Уафэм дыщеплъкIэ, дэ къытфIощI абы и джабэм вагъуэхэр кIэрыту, ахэр дэ зэрытпэжыжьэр зэхуэдизу, нэхъ иныр ину, нэхъ  цIыкIур цIыкIуу тлъагъуу, нэхъ нурыр нэхъ иныр арауэ. ЖаIэу щытащ дыгъэр, мазэр, вагъуэр зэуэ зэдэзылъагъур жэнэтым кIуэну. Вагъуэр убжу ядэртэкъым, вагъуэу къыубжам и бжыгъэ хьэмцIыракIэ къыптекIэнущ, жаIэрт.

УРЫСЕЙПСО ЗЭПЕУЭМ ХЭТЩ Главные вкладки

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым илъэс къэс щокIуэкI «ТекIуэныгъэ» урысейпсо дзэ-спорт джэгухэр.  УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм джэгу-зэпеуэхэр щекIуэкIакIэщ. Iуэхум и кIэух зэхыхьэр мыгувэу  Москва щекIуэкIынущ. Ар къыщызэрагъэпэщынущ щыхьэрым и Iэшэлъашэм щыIэ «Хэкупсэ» паркышхуэм.    Абы хэтщ  къэралым  и  «Армие ныбжьыщIэ» зэщIэхъееныгъэм къызэщIиубыдэ гуп куэд.  

ИБН БЭТIУТIЭ ПСЫХУАБЭ ЗЭРЫЩЫIАР

«Къалэхэм телъыджэу дэлъымрэ дунейм зыщыплъыхьыным гъуэзэджэу хэлъымрэ зи щIасэхэм папщIэ тыгъэ», - аращ и цIэр щIы хъурейм зыщиплъыхьу и нэгу щIэкIахэр къалэмкIэ къэзыIуэтэжа дунеяплъэ цIэрыIуэ Ибн БэтIутIэ и тхылъым.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке