Статьи на кабардинском языке

БЭРАКЪЫМ И «ДЫЩЭ КЪАПЛЪЭН»

«Дыщэ къаплъэн XV» дунейпсо джэгу зэIухам хыхьэу мы махуэхэм Екатеринбург щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ дунейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэрал куэдым кьикIа спортсмен лъэщхэр.

ЗЭГУРЫIУЭНЫГЪЭМ КЪЫХУЕЗЫДЖЭ ЛЭЖЬЫГЪЭ

Лъэпкъ зэхущытыкIэхэр джынымрэ абы епха Iуэхухэр егъэфIэкIуэнымрэ Куэцэ Елбэрд пасэу дихьэхащ, бзэхэр щаджу Пятигорск дэт къэрал университетым (ПГЛУ) 2009 – 20I4 гъэхэм щыщIэса зэманым. Иджыпсту ар КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и IэщIагъэлI-эксперт нэхъыщхьэщ.

БАЛЕРИНЭМ И ГУПСЫСЭ

 Дахэу, щабэу зелъатэ хьэндырабгъуэм ебгъэщхь хъунущ балетым къыщыфэ хъыджэбзыр. Ари а хьэндырабгъуэм хуэдэу Iэсэлъасэщ, пшэм лъапэпцIийуэ къыщикIухь фIэкI умыщIэну сакъщ. АбыкIэ щапхъэу диIэщ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и къэфакIуэ пажэ Щэбэтыкъуэ Юлианэ.

ЗЭМАНЫМ ДЕКIУ ПАСЭРЕЙ ХАБЗЭ

Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм  иджыблагъэ  щызэхуащIыжащ  «Зэныбжьэгъугъэ»  Iуэху дахэр.  

Тхьэмахуэ хъуауэ екIуэкI  проектым унагъуэ 18 хэтащ.  А дауэдапщэм къекIуэлIа  ныбжьыщIэхэр   зызэщамыгъэнщIу зэрызэбгъэдэсыр нэрылъагъут.

ЗЭАДЭЗЭКЪУЭ IЭПЭIЭСЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм  щагъэлъэпIащ  УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь ¬ зи¬Iэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, Худо¬жес-твэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и ¬ака-де¬мик, Красноярск Ксилогра¬фи¬ем¬кIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профес¬сор Пащты Германрэ абы и къуэ,  КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащт-Х

«ИЛЪЭСЫМ И ЕГЪЭДЖАКIУЭ-2021» ЗЭПЕУЭМ И ЛАУРЕАТ КЪУЩХЬЭ КАРИНЭ

Дон Iус Ростов къалэм дэт 11-нэ Лицейм «Урысейм и илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр щызэхуащIыжри, лауреатхэм я цIэр къыщраIуащ фокIадэм и 25-м. Япэ ит цIыху 15-м яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ егъэджакIуэ Къущхьэ Каринэ.

ШЫIЭНЫГЪЭР, ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР, ЗЭГУРЫIУЭНЫГЪЭР ЗИ ТЕГЪЭЩIАПIЭ

Иджыблагъэ Татарстаным ще­кIуэкIа Муслъымэн кином и дунейпсо фестивалым хэ­тащ­ театрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIы­хь зиIэ и лэжьакIуэ Ем­кIуж­ Андзор. Щэн­хабзэ зэ­пы­щIэныгъэхэмкIэ лъэпкъхэр зэ­шэ­л­Iэныр зи къы­хуе­джэ­ныгъэ фестивалым къэрал лъэпкъ зэ­­мылIэужьыгъуэ куэ­дым  къа­хэкIа цIыху зэчиифIэхэр зэхуишэсащ.

IЭУЖЬЩ ИКIИ ЛIЭУЖЬЩ

ФокIадэм и 27-м, Адыгэ фащэм и махуэм пежьэу, Саралъп Мадинэ и Арт-центрым «Зы фащэм и хъыбар» (2 Iыхьэ) гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ. Абы утыку къыщрахьащ Къуэжокъуэ Фенэ (ФатIимэт) зэрихьа бзылъхугъэ фащэхэмрэ пасэрей сурэтхэмрэ.

Джэш хьэнтхъупс, хугу хэлъу

Джэш лъэсар псы щIыIэм халъхьэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурым­бэр къытрахыурэ. МафIэр цIыкIу ящIри, шыуаныщхьэр техауэ дакъикъэ 25-30-кIэ ягъавэ. А псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщI, псывэ щIакIэжри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтитI-тIурэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Вэным дакъикъэ 15-20 иIэжу шыгъу хадзэ. 

Бжьыхьэ лэжьэгъуэр яублэ

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр фокIадэм и 30-м къызэ­Iуахащ. Зэрыхабзэу, зэIущIэм и пэм Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэр къеуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке