Статьи на кабардинском языке

ЩIЫГУМ И ЗЭХЭЛЪЫКIЭ

Бгыжьэ - бгы дурэш зэв. Щапхъэ: «Бгыжьэм и лъабжьэр кIыхьу, кууэ щIэупщIыкIат». (Шортэн Аскэрбий).

Губгъуэшэкъракъ - зыри щымыпсэу, къэкIыгъэ щIагъуи къыщымыкI губгъуэ нэщI.

БАНКЫМ И МАХУЭР ИГЪЭЛЪАПIЭУ

«ХъумапIэ бынкым» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэси 180-рэ зэрырикъур Налшык Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

ЗЫЗЫЩОМЫГЪЭНЩI ФОРЭ КХЪУЕЙРЭ

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

ЩIЫНАЛЪЭМ И ЕГЪЭДЖАIУЭХЭР ЯГЪЭПАЖАЩ

ЕгъэджакIуэхэм я махуэмкIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ щIыналъэ администрацэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Джатэ Руслан. Администрацэм ирагъэблэгъа егъэджакIуэ нэхъ пажэ дыдэхэм щIыхь тхылъхэр щаритым, Джатэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ:

ДИ ЩIАЛЭХЭМ НЭГЪУЭЩI ЩIЫНАЛЪЭХЭР ЯIЭТ

Мы махуэхэм Майкъуапэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ Урысейм и чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 6I-м къикIа спортсмен 530-рэ. «Къуэблэ Екъуб» спортымкIэ уардэунэм щызэхэта зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызыIэрагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэми.

ПЩЫХЬЭЩХЬИБЛ

ЛIы Iущ гуэрым и деж щIалэ къэкIуащ чэнджэщ хуейуэ.

«БГЫГЪУАНЭЖЬ»

«Бгыгъуанэжь» жыхуэтIэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм, Къармэхьэблэ къуажэм деж, щыIэщ. Сыт хуэдэ транспорт лIэужьыгъуэкIи уIухьэфынущ, гъуэгур тэмэмщи. СэмэгурабгъумкIэ укъекIуэкIрэ и щхьэм удэкIуеймэ, бгы гъуанэм и щыгу утоувэ. ФIэщхъуныгъэ пхэлъмэ, къэхъуну узыхуейхэр уи гум ибубыдэ хъунущ. Согупсысыр: нэпкъым мыпхуэдэ гъуанэшхуэр къыхэщIыкIа хъун папщIэ лIэщIыгъуэ дапщэ дэкIын хуейуэ пIэрэ?!

ДОН IУФЭ ЩЫТОКIУЭ

Дон Iус Ростов щекIуэкIащ «Кубок Дона» тхэквондомкIэ урысейпсо рейтинг зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа спортсмен 500-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.

БЭРАКЪЫМ И «ДЫЩЭ КЪАПЛЪЭН»

«Дыщэ къаплъэн XV» дунейпсо джэгу зэIухам хыхьэу мы махуэхэм Екатеринбург щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ дунейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэрал куэдым кьикIа спортсмен лъэщхэр.

ЗЭГУРЫIУЭНЫГЪЭМ КЪЫХУЕЗЫДЖЭ ЛЭЖЬЫГЪЭ

Лъэпкъ зэхущытыкIэхэр джынымрэ абы епха Iуэхухэр егъэфIэкIуэнымрэ Куэцэ Елбэрд пасэу дихьэхащ, бзэхэр щаджу Пятигорск дэт къэрал университетым (ПГЛУ) 2009 – 20I4 гъэхэм щыщIэса зэманым. Иджыпсту ар КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и IэщIагъэлI-эксперт нэхъыщхьэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке