|
Статьи на кабардинском языке
30 июля, 2020 - 08:06
КъБР-м и Шэрэдж щIыналъэм щыIэ «Безенги» альплагерым бадзэуэгъуэм и 29 - шыщхьэуIум и 2-хэм къриубыдэу щызэхэтынущ «Outdoor Festival Alpindustria Bezengi» фестивалыр, спорт лIэужьыгъуэ нэхъ гугъухэм хабжэхэмкIэ щызэпеуэнур.
28 июля, 2020 - 07:03
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къыщыхъуа гузэвэгъуэм я къулыкъум пэрыту хэкIуэдауэ щытащ лейтенант Къэшэж Элинэрэ прапорщик Хлопов Сергейрэ. КъБР-м и УФСИН-м и унафэщI Лыхь Аслъэн Элинэ и адэ Къэшэж Iэбурэ Сергей и анэ Хлоповэ Тамарэрэ фIыщIэ тхыгъэхэр яритащ.
28 июля, 2020 - 06:58
Ди республикэм щыщ школакIуэ зыбжанэ щытекIуащ къэралым предмет зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щекIуэкIа олимпиадэхэм я кIэух Iыхьэхэм. Апхуэдэхэщ 11-нэ классыр мы гъэм къэзыуххэу Абазэ Алим (Тэрч къалэ, курыт школ №2), Бетыгъуэн Амир (Аруан къуажэм дэт курыт школ), Бэрбэч Даянэ (Налшык къалэ, гимназие №14), Хьэмжу Мадинэ (Налшык къалэ, «ДыгъафIэ къалэ»).
28 июля, 2020 - 06:54
КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм хэтхэмрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ хэту бадзэуэгъуэм и 26-м «Хьэмащэ» хъупIэм щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэщ гъэхъун IэнатIэм зыщегъэужьыным, гъэмахуэ хъупIэхэр фейдэ нэхъыбэ къату къэгъэсэбэпыным теухуа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
28 июля, 2020 - 06:50
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Республикэм и Унэм бадзэуэгъуэм и 25-м щахуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.
КъБР-м и цIыхухэм щIыналъэм и УнафэщIым зыкъыщIыхуагъэзахэм ящыщщ я узыншагъэр, псэупIэр егъэфIэкIуэным, хуэмыщIауэ псэу, бын куэд щапI унагъуэхэу щытыкIэ гугъу къихутахэм защIэгъэкъуэным ехьэлIа Iуэхухэр, нэгъуэщI зыгъэпIейтейхэр.
27 июля, 2020 - 06:53
Тыркум и президент Эрдогъан Тайип бадзэуэгъуэм и 24-м азэн къыщыджащ, КъурIэным щыщ Iэят къыщеджащ, иужькIэ жумгьэ нэмэзри щищIащ Истамбыл къыщызэIуахыжа мэжджытышхуэм. Иужьрей илъэс 86-м къриубыдэу апхуэдэ Iуэху а уардэунэм япэу къыщыхъуауэ аращ.
27 июля, 2020 - 06:46
Прохладнэ къалэм бадзэуэгъуэм и 22-м къыщызэIуахащ цIыхухэм спортым зыщыхуагъэсэну, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну «Олимп» центрыщIэр. Абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, щIыналъэхэм, къалэ округхэм я унафэщIхэр, КъБР-м и Правительствэм и лIыкIуэхэр.
27 июля, 2020 - 06:42
Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий бадзэуэгъуэм и 23-м иригъэкIуэкIащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуа Iуэхухэр щызэпкъраха зэIущIэ.
24 июля, 2020 - 06:48
Видеоконференц мардэм тету КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм коронавирусым зыщыщыхъумэнымрэ а уз зэрыцIалэм зэрызиубгъум пэщIэтынымкIэ Оперативнэ штабым и зэIущIэ.
24 июля, 2020 - 06:47
Иджыблагъэ Къэрал Думэм ещанэ еджэгъуэкIэ къыщащтащ «Пестицидхэмрэ агрохимикатхэмрэ шынагъуэншэу зегъэкIуэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 22-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» федеральнэ закон №681101-7-м и проектымрэ «Мэкъумэш унэтIыныгъэ зиIэ щIыхэм къат хъерым къэрал кIэлъыплъыныгъэ иIэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законымрэ.
Страницы
|