|
|
Статьи на кабардинском языке
28 февраля, 2022 - 06:30
Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатым зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм.
28 февраля, 2022 - 06:30
Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Илюшниковэ Татьянэ видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ иригъэкIуэкIа зэхыхьэр триухуат «Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ, хьэрычэтым жэрдэм къыщызыгъэлъагъуэхэм ядэIэпыкъун» лъэпкъ проектыр щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэм.
27 февраля, 2022 - 06:30
Къэрэшей-Шэрджэсым и щIыпIэцIэхэм ятеухуа ди тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхэдгъэщат иджырей Архъызым и Iэгъуэблагъэм къэрэшейхэр мымащIэу зэрыщитIысыкIар лъахэхутэхэм щхьэусыгъуэ ящIу, абы къедза щIыгум и тхыдэри, фIэщыгъэу узыщрихьэлIэхэри а лъэпкъым и закъуэ ей хуэдэу къыщIрагъэдзыну хуэщIэкъухэр куэд зэрыхъуар.
27 февраля, 2022 - 06:30
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и Правительствэм хэтхэмрэ щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ зыхэта зэIущIэ. Абы нэхъыбэу щытепсэлъыхьащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм я цIыхухэу зи псэупIэр IэмалыншагъэкIэ IэщIыб зыщIахэм ядэIэпыкъун зэрыхуейм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм.
27 февраля, 2022 - 06:30
Дыгъуасэ «Налшык» гъущI гъуэгу станцым «ТекIуэныгъэм и мафIэгур» къэсащ.
26 февраля, 2022 - 06:30
NASA зэгухьэныгъэм (США) хуэлажьэ щIэныгъэлIхэм уахэ жыжьэм и зы плIанэпэм къыщалъэгъуащ вагъуэ гуэрэнышхуэрэ абрагъуэу абдежым щызэхэт къэщIыгъэхэм (галактикэхэм) ящыщу тIум гъунэгъу дыдэ зэрыщызэхуащIар. ЯфIэтелъыджэ хъуа а Iуэхугъуэр зэрекIуэкIым астрономхэр лъыгъуэзащ ЩIым и хъуреягъыр езыр-езыру къэзылъэтыхь спутникым хэт обсерваторэм хащIыхьа Хаббл телескопымкIэ.
26 февраля, 2022 - 06:30
Дуней псор зыгъэгулэзу 2019 гъэм къэунэхуа узыфэ шынагъуэм дызыщымыгъуазэ куэд къытхузэдихьащ. Абыхэм ящыщщ «ковидым и лъэужь» зыфIаща щытыкIэр. ЦIыхум узыр пкъырыкIыжами, зэманыфI дэкIыжами, гукъыдэмыжу, гъащIэр фIэмыIэфIыжу мэхъу, уеблэмэ зэрызиукIыжын гупсысэ и щхьэм къизэрыхьу гу лъатащ дохутырхэм. Сыт ар къызыхэкIыр, дауэ зэрагъэхъужыр?
26 февраля, 2022 - 06:30
И ныбжьыр илъэс 82-м иту иджыблагъэ дунейм ехыжащ Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэ цIэрыIуэ Гогибедашвили Заур. Ар куэдым гущIыхьэ ящыхъуащ.
Заур щIэх-щIэхыурэ дыщыхуэзэт «Спартак-Налшыкым» и зэIущIэхэм. Абы фIэфIт журналистхэм я гъусэу джэгум кIэлъыплъын икIи и гукъэкIыж куэдхэм дыщIигъэдэIурт. И фэеплъ нэхур игъащIэкIи ди нэгум щIэтынущ.
25 февраля, 2022 - 05:35
ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ и пэкIэ зи хэку зрагъэбгынэу хамэщIым ипхъа хъуа адыгэм и нэхъыбэр щыпсэур Тыркуращи, а къэралыр нэхъ тпэблагъэу къысфIощI, абы и сыт хуэдэ къали ди лъэпкъэгъухэм уащрохьэлIэри. Адыгэ мин 60 хуэдиз зыдэс, Истамбыл километр 700-кIэ пэжыжьэ Къайсэр къалэр адыгэ жылэ хуэдэщ.
25 февраля, 2022 - 05:35
Азов хы цIыкIум адыгэхэр зэреджэу щыта псалъэхэм язщ «Азыкъ» жыхуаIэр. Мы псы хъурейм и гугъу щащIкIэ, пасэрей алыджхэм «Меотидэ», «Мэуэт хыжьей» фIэщыгъэхэрат къагъэсэбэпыр, урысхэм «Сурож тенджыз» хужаIэрт.
Страницы
|