Статьи на кабардинском языке

IЭУЖЬЩ ИКIИ ЛIЭУЖЬЩ

ФокIадэм и 27-м, Адыгэ фащэм и махуэм пежьэу, Саралъп Мадинэ и Арт-центрым «Зы фащэм и хъыбар» (2 Iыхьэ) гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ. Абы утыку къыщрахьащ Къуэжокъуэ Фенэ (ФатIимэт) зэрихьа бзылъхугъэ фащэхэмрэ пасэрей сурэтхэмрэ.

Бжьыхьэ лэжьэгъуэр яублэ

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр фокIадэм и 30-м къызэ­Iуахащ. Зэрыхабзэу, зэIущIэм и пэм Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэр къеуащ.

УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, цIыхубэм и артист щэджащэ

Тут  Заур  и  ныбжьыр  нобэ  илъэс  70  ирокъу

Джэш хьэнтхъупс, хугу хэлъу

Джэш лъэсар псы щIыIэм халъхьэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурым­бэр къытрахыурэ. МафIэр цIыкIу ящIри, шыуаныщхьэр техауэ дакъикъэ 25-30-кIэ ягъавэ. А псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщI, псывэ щIакIэжри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтитI-тIурэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Вэным дакъикъэ 15-20 иIэжу шыгъу хадзэ. 

ЛIЫХЪУЖЬХЭМ Я ФЭЕПЛЪУ

Волейбол

Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэда Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Аруан куейм щыщхэм я фэеплъ зэхьэзэхуэ волейболымкIэ иджыблагъэ Къэхъун къуажэм щызэхэтащ.

ЙОПИ И ШКОЛ

«Suomenmaa» фин газетым и корреспондент Митенев Валерий газетым къытридзащ и фин лэжьэгъу Хаапаваарэ Хейккихэ я деж хьэщIапIэ зэрыщыIар. Финнхэм зэрахабзэу, саунэм зэрыщIигъэсари, зэригъэхьэщIари етхыж абы икIи Хейкки и къуэ Йопи зэрызэригъэцIыхуам топсэлъыхь. Саунэм щIэлъ пхъэм къыхэщIыкIа къащыкъыр зыщIар Йопит. 

ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ЩIЭНЫГЪЭМ И ЖАГЪУЭГЪУКЪЫМ

Щэн-щэхуэным иуфэбгъуа ди хъуреягъым цIыху гухэлъыр нэгъунэ ахъшэм и унафэм щIэту къыпщегъэхъу. 

ПАСЭРЕЙ ХЬЭПШЫПХЭР НОБЭРЕЙ ГЪАЩIЭМ КЪЫХЕХЬЭЖ

IэпщIэлъапщIэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэм пызыщэхэр диIэщ. А Iуэхум елэжьхэм ящыщщ УФ-м и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ Тубей Валерэ и унагъуэр. И щхьэгъусэ ФатIими, и къуэ Мурати, езыри йолэжь пхъэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэIущIыкIыным. 

КАВКАЗЫМ И СИМФОНИЕ

ФокIадэм и 27-28-хэм Налшык къалэ щыхьэщIащ Ленинград областым и къэрал симфоние оркестрыр (и художественнэ унафэщI, дирижёр, КъБР-м и цIыхубэ артист Голиков Михаил и гъусэу), Адыгейм щIыхь зиIэ и артисткэ Чэныб Нэфсэт, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдокъуэ Мурат, «Голос» телезэпеуэм щытекIуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскер сымэ. Абыхэм концерт инхэмкIэ къалэдэсхэр ягъэгушхуащ. 

ПСЫБЕЙ-КХЪУЖЬЫБ

Мы цIэр зезыхьэ жылэшхуэу къалэ теплъэ зиIэр Краснодар крайм и Мостовской районым итщ. Километр 12 и кIыхьагъми, абы хуиту зригъэзэгъащ Лабэ ЦIыкIу щежэх тIуащIэм Къырылъэ шытхыр «щызэпитхъым» ипщэ лъэныкъуэмкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухам деж.   

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке