Статьи на кабардинском языке

ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэж

Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан (Мысостей) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр щаухуар 1970 гъэрщ. Абы лъандэрэ цIыхухэм я нэгузегъэужьыпIэу, зыузэщIыпIэу щыт унэм зэзыгъэпэщыж икIи къэзыгъэщIэрэщIэж лэжьыгъэ зыри щекIуэкIакъым.

Гъавэр, хадэхэкIыр Iуахыж

Урысей ФСИН-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м щоужьэрэкI гъавэр, хадэхэкI пасэхэр Iухыжынымрэ ахэр щIымахуэм хуэгъэтIылъынымрэ пыщIа лэжьыгъэхэм.
Колоние-псэупIэ жыхуаIэ мардэм тет мы щIыпIэм щыIэхэр щIэпхъаджагъэ хьэлъэ зымылэжьахэрщ, абы ипкъ иткIи ахэр нэхъ щхьэхуиту яIыгъщ икIи щIы Iыхьэхэр егъэбыдылIауэ хадэ, Iэщ зэрахьэ.

ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Нобэ, шыщхьэуIум и 9-р, кыщалъхуа махуэщ самбэмкIэ дунейми Европэми я чемпион, Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Уэзы Мурат.

Гупсысэ убзыхуа зыхэлъ къалэнхэм иужь дитыпхъэщ

Абхъаз къэрал университетым и ректор, профессор, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием, ЩIДАА-м я академик Гварамие Алеко илъэс куэд щIауэ псэемыблэжу хуолажьэ къыщалъхуа и хэкум, къызыхэкIа и лъэкъым. Ауэ щыхъукIи зэи зыщигъэгъупщэркъым адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зэрызэкъуэшыр икIи абыхэм я зэпыщIэныгъэр зэригъэбыдэным сыт щыгъуи иужь итщ.

Зэманым игъэгъуэщакъым

КъызыфIамыгъэIуэхуу икIи емылIэлIащэу щIыпIэцIэхэр щызэрахъуэкI куэдрэ къэхъуми, апхуэдэ Iуэху къыщекIуэкI щIыналъэм ижькIэрэ иса лъэпкъхэм япэм къагъэсэбэпу щыта фIэщыгъэхэм псэщIэ къащыхыхьэжи щыIэщ.

Хамэ къэрал кърашхэм къапимыкIуэту

КIуэ­кIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я унафэщI­хэм яIущIащ. «Отбор» жы­лапхъэгъэкI центрым кърихьэлIахэр теп­сэлъыхьащ ­хамэ къэралхэм кърашу щытахэм я пIэ иувэнухэр къы­зэрызэрагъэ­пэщ щIы­кIэм.

Махуэшхуэм дыхуокIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек къипщытащ щIыналъэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Налшык щызэфIах лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр. Ахэр псори зэфIэкIауэ щытын хуейщ фокIадэм и 10-м ипэ къихуэу. А махуэращ республикэм щекIуэкIыну гуфIэ­гъуэхэм я нэхъыщхьэхэр щыщыIэнур.

Iэмалхэр мащIэкъым

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьэу IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щызэзыгъэгъуэтыну ­хуей, зи узыншагъэкIэ сэкъат зэмы- л­Iэу­жьыгъуэхэр зиIэ ныбжьыщIэхэм я бжыгъэр цIыхуи 160-м щхьэдэхащ.

Хьэщыкъуейм и зи чэзу медаль

Налшык къалэ ще­кIуэ­кIащ «Кавказым и хъуас­кIэхэр» («Искры Кавказа») тхэквондомкIэ фестиваль зэIуха. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ республикэхэм къикIа спортсмени 120-м щIигъу.

Щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр къагъэщIэрэщIэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэгъэхуэбжьауэ щаухуэ, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей щыхуагъазэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ 70-м нэблагъэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке