|
|
Статьи на кабардинском языке
15 ноября, 2021 - 06:30
ЗыхэпсэукIыр макъамэщ, и къарур лъэпкъырщ, зыгъэкIуатэр гупсысэщ, зыпсыхьыр гуапагъэщ, зэхэплъхьэжмэ - насыпщ! И дунейр мыпхуэдэу къытщыхъуащ ди псалъэгъум - Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым макъамэмкIэ и гъэсакIуэ, «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым хэт Къул Дайанэ. ЖыпIэ хъунущ Дайанэ гущэкъу уэрэдкIэ къыщIидзауэ.
15 ноября, 2021 - 06:30
Израилым ис адыгэхэм щапхъэ зытехыпхъэ Iуэхугъуэ дахэу, я адыгагъэр зэрахъумэж Iэмалу, пщIэрэ щIыхьрэ яIэу хамэ хэку зэрисым и щыхьэту къадокIуэкI ахэр зыдэс Кфар-Камэ къуажэ уэрамхэм адыгэцIэхэр зэрызэрахьэр.
14 ноября, 2021 - 06:30
Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору хэт, ЩIэныгъэхэм-кIэ Дунейпсо Адыгэ академием и президент Къанокъуэ Арсен и цIэм и мызакъуэу, и щхьэкIи и IуэхущIафэкIи къацIыхуну хунэсащ езыр къыщалъхуа республикэм.
14 ноября, 2021 - 06:30
Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм къалэ тхьэмадэр къыхэхынымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм и кIэлъыплъакIуэ гупым и иужьрей зэIущIэр екIуэкIащ.
13 ноября, 2021 - 06:30
Куэдым ящIэ Инджылызым и премьер-министр Джонсон Борис урыс-кавказ зауэм иужькIэ Тыркум гъэру къыщыхута адыгэ пщащэм къызэрытехъукIар. И лъэпкъым и къуэпсыр къилъыхъуэжу, ар Тыркум зэрыщыIам и хъыбари «Адыгэ псалъэм» къытеддзауэ щытащ. Борис и шыпхъу Рэйчел унагъуэм и тхыдэр иджыри зы лъэбакъуэкIэ ипэкIэ игъэкIуэтащ.
13 ноября, 2021 - 06:30
Балъкъ и псыхъуащхьэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщыщIэж псы хуабэхэм я гугъу щащIкIэ, зэгурыIуа фIэкIа умыщIэну, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми я нэхъыбэм къагъэсэбэпыр къэрэшей-балъкъэрыбзэм къыхэкIа «Джилы-Су» псалъэрщ.
13 ноября, 2021 - 06:30
Куэд щIакъым Дзэлыкъуэ щIыналъэм тхыдэ - лъахэхутэ музей къызэрыщызэIуахрэ. Абы и хъыбар куэдрэ зэхыдох, Iуэхугъуэ дахэхэр къыщызэрагъэпэщ, цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ, щIэупщIэ иIэщ. Дэри, музейм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ абы и унафэщI Мэкъуауэ Хьэлимэт.
12 ноября, 2021 - 06:30
Дызэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр щекIуэкIащ 1930 гъэхэм. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэи ямыIауэ къызэрагъэпэщат лъэпкъхэм я щэнхабзэ къулеигъэхэм зезыгъэужьыну къэфакIуэ ансамбль лъэщ, макъамэ Iэмэпсымэхэр щIыгъуу.
12 ноября, 2021 - 06:30
Къуалэбзухэм ящыщу псэущхьэ цIыкIухэр зи шхыныгъуэхэр зэтебукIэнкIэ Iэмал зэримыIэм щIэныгъэлIхэм куэд щIауэ дыкъыхураджэ. Ахэр щымыIэмэ, псэущхьэ узыншэхэм я Iуэхур екIэкIуэнущ, сыту жыпIэмэ, дэнэ щIыпIэ щымыщэкIуами, апхуэдэ къуалэхэм ягъэзащIэр санитар къалэнщ. Абыхэм я ерыскъыгъуэ нэхъыщхьэр псэущхьэ лIахэрщ.
12 ноября, 2021 - 06:30
Ди хьэщIэщым
Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ дэрэ нэхъ гъунэгъу дызэхуэзыщIхэм ящыщщ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэр, благъэ зэрызэхуэхъур. Джэрмэншык щыщ ПщыхьэщIэ Симэ Иорданием щыпсэу Ансыкъуэхэ я щIалэ илъэс 25-рэ и пэкIэ дэкIуауэ Амман щопсэу. Зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ яIэщ - Ахьмэдрэ Симазэрэ.
Страницы
|