|
|
Статьи на кабардинском языке
7 февраля, 2022 - 06:30
УФ-мрэ КъБР-мрэ цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къыщалъыта, «Урысейм щIыхь зиIэ и ансамбль», республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо фестивалхэмрэ зэпеуэхэмрэ я лауреат, «Кавказ Ищхъэрэм и вагъуэщIэ» щIыхьыцIэр къызыхуагъэфэща, «Урысей Артиадэм» и лауреат, ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я XIX дунейпсо фестивалу 2017 гъэм Сочэ къалэм щекIуэкIам хэта, КъБР-м и Правительствэм и щIыхь тхылъыр мызэ-мытIэу зыхуа
7 февраля, 2022 - 06:30
Гур здэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ, жиIащ пасэрей адыгэм. ЛIыфIым къыщымынэу, абы насып къызэрыдэкIуэри, гупсэхугъуэрэ берычэтрэ къызэрыпэкIуэри щынэрылъагъущ Тыркум къыщалъхуа, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжауэ тыншу щыпсэу Къейтыкъуэ Мухьэрэм и гъащIэм. Хэхэсыныр зи натIэ хъуа адыгэ мелуанхэм ящыщт Мухьэрэм.
6 февраля, 2022 - 07:30
Топкапы уардэунэр Истамбыл и зыплъыхьыпIэ нэхъ ехьэжьахэм ящыщщ. Илъэс 400-м нэблагъэкIэ Уэсмэн къэралыгъуэм и пащтыхьхэр щыпсэуар аращ. Иджы цIыхухэм я зыплъыхьыпIэщи, Европэ музейхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэ зэкIуалIэхэм хабжэ. Абы и пщIантIэм километри 5 и кIыхьагъщ, метр зэбгъузэнатIэ мин 700 еубыд.
6 февраля, 2022 - 07:30
Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ зыщ адыгэхэр. Абыхэм я тхыдэмрэ хабзэмрэ я лъабжьэр къызэрежьэрэ илъэс мин куэд мэхъу, зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр.
5 февраля, 2022 - 09:37
Псы есыпIэ бассейн зыхэт физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс щаухуэну я мурадщ Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Iуащхьэмахуэ куейм.
КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам зэрыжиIамкIэ, Урысей Федерацэм щынэхъ лъагэ дыдэ щIыпIэм - Тырныауз щаухуэну комплексым зыщагъэсэну Iэмал ягъуэтынущ спорт лIэужьыгъуэ куэдымкIэ зызыгъэхьэзыр къэралым и командэ къыхэхам хэт спортсменхэм.
5 февраля, 2022 - 09:37
«Сабий стадион» КъБР-м и къэрал бюджет IуэхущIапIэм и футбол джэгупIэ губгъуэм щекIуэкIащ республикэм регбимкIэ и командэ къыхэхам и зыгъэсэныгъэ. Абы кърихьэлIат Налшык къалэ администрацэм Физическэ щэхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ управленэм и «Налшык» спорт школым зыщызыгъасэ илъэс 16 зи ныбжь спортсменхэмкIэ.
5 февраля, 2022 - 09:36
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхьэзэхуэр гъатхэпэ пщIондэ зэпагъэуащ. А зэманым къриубыдэу командэхэм зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, футболистыщIэхэмкIэ загъэлъэщ, мазэ дэкIмэ щIэзыдзэжыну зэпеуэм зыхуагъэхьэзыр.
4 февраля, 2022 - 06:30
Мысыр къэралыгъуэм щыIа адыгэ мамлюк тепщэгъуэм (I382-I5I7) и тхыдэм къыхэлыдыкI къэхъукъащIэщ нобэ дигу къэдгъэкIыж, щIышылэм и 22-м илъэс 505-рэ ирикъуа Ридание зауэзэрылIыр.
4 февраля, 2022 - 06:30
Налшык дэт «Гладиатор» универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа тхэквондомкIэ щIыналъэхэм зэдай зэхьэзэхуэ. Урысей Федерацэм и щIыналъэ 4-м къикIауэ зэпеуэм и саугъэтхэм щIэбэнащ спортсмен 300-м нэблагъэ.
4 февраля, 2022 - 06:30
Тырку къэралым и президент Эрдоган Реджеп хуэмыфащэу зэрытепсэлъыхьамкIэ ягъэкъуаншэу, хабзэм ирашэлIащ илъэс 54-рэ зи ныбжь тележурналист Кабаш Сенеф.
«Тажым щхьэри Iущ дохъу» жаIэ, - къахь хъыбарегъащIэхэм Кабаш Сенеф зытекIуадэ жыIэгъуэр. - Ауэ дэ ди нэгу щIокI Iуэхур зэрыапхуэмыдэр. Пэж дыдэу, выр сэрейм щIэпшэ щхьэкIэ, ар пащтыхь хъуркъым, езы сэрейр бо мэхъу армыхъумэ».
Страницы
|