|
Статьи на кабардинском языке
21 июня, 2021 - 06:46
Зэман гугъущ дызыхэпсэукIыр. Дунейм и щыIэкIэм, цIыхухэм я къызэрыгуэкI псэукIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ пандемием. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтынымкIэ гугъуехь нэхъыбэ зи фэм дэкIыр медицинэм и лэжьакIуэхэрщ. Апхуэдэу щытми, я къару емыблэжу абыхэм я къалэныр ирахьэкI, нэгъуэщI узыфэ шынагъуэ куэдми еIэзэу.
21 июня, 2021 - 06:43
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ Жылэ Къантемыр и «GOgen» студием и гъэсэнхэм я сурэтхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ Жылэ Къантемыр илъэс зы-тIум къриубыдэу зыдэлэжьа гупым я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр. Абы яхэтщ мазэм къыщыщIэдзауэ илъэситIым нэблагъэкIэ студием екIуалIэхэр. Сурэт щIыным дихьэххэм я ныбжьыр илъэси 7-м щегъэжьауэ илъэс 80-м ноблагъэ.
21 июня, 2021 - 06:41
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и генерал-майор Надежин Михаил Урысейм и махуэм ирихьэлIэу зэIущIэ гуапэ иригъэкIуэкIащ, цIыхур мафIэсым къезыгъэлахэр гъэлъэпIэным теухуауэ.
21 июня, 2021 - 06:38
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий ведомствэм и медико-санитар частым и лэжьакIуэхэм яритащ Урысей Федерацэм и МВД-м, КъБР-м щыIэ МВД-м я фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр.
21 июня, 2021 - 06:35
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ хабзэр хъумэныр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым я зэIущIэ.
20 июня, 2021 - 07:03
Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр мы гъэм зратахэм ящыщщ оперэ уэрэджыIакIуэ Герзмавэ Хиблэ.
Ар Пицундэ къалэм къыщалъхуащ. А щIыналъэм и дахагъэм сыткIи хуэфэщэн теплъэрэ макърэ зиIэ Хиблэ «дыщэнэщ» и цIэм къикIыр, ауэ дыщэр зыхуэхьыпхъэр и макъыр арагъэнщ, дунейм цIэрыIуэ щызыщIар аращи.
19 июня, 2021 - 06:55
Хасэмрэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхухэмрэ
18 июня, 2021 - 06:55
Дуней псор иджыри къэс зыгъэгулэз коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ нэгъабэ ягъэIэпхъуащ Iуэху щхьэпэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ спорт зэхьэзэхуэ инхэу зэхэтын хуея Европэм футболымкIэ и чемпионатым и кIэух зэIущIэхэмрэ Токио щыIэну зытраухуа Гъэмахуэ Олимп джэгухэмрэ. Дызыпэмыплъа икIи хэщIыныгъэшхуэ къыдэзыта къэхъукъащIэ угъурсызыр мащIэу текIуэта хуэдэщ.
17 июня, 2021 - 06:45
Укъыщалъхуа щIыналъэр, абы илъ хабзэ дахэр, щэнхабзэ екIур фIыуэ плъагъуу, анэдэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэу къыбдэгъуэгурыкIуэу, абы и IэфIагъыр гурэ псэкIэ зыхэпщIэу упсэуныр насыпышхуэщ. Апхуэдэ лъэпкъ фIыгъуэхэм щIапIыкIа адыгэ пщащэхэм ящыщщ Кэнжэ (Къуэшыркъуей) жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и методист, егъэджакIуэ икIи гъэсакIуэ Тэтэр Аминэ.
17 июня, 2021 - 06:39
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм щекIуэкIа зэхуэсым
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур Налшык къалэ щагъэлъэпIащ.
Страницы
|