|
|
Статьи на кабардинском языке
2 августа, 2022 - 06:26
Нэгъаби хуэдэу, «Спартак-Налшыкым» аргуэру гугъуу зэхьэзэхуэм щIидзащ. Абы щыгъуэм япэ текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьар еплIанэ джэгугъуэрат, иужь дыдэу щыт «ЕсэнтIыгур» ерагъкIэ ди стадионым 2:1-уэ щыхагъащIэри. Иджыри нэхъыфIыну фэ теткъым.
2 августа, 2022 - 06:25
Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым абы я тхыдэм, я хабзэм и лъабжьэр къыщежьэр. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Абы и зы щапхъэщ адыгэ мазэцIэхэри.
2 августа, 2022 - 06:24
Тхыдэм аддэ жыжьэу къыщежьэ я къуэпсыжьхэмкIэ, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ (азгъэхэмрэ – адыгэхэр абхъазхэм мыпхуэдэуи йоджэ) зэрызэблагъэр гурэ-псэкIэ къозыгъащIэ хуэмэбжьымэхэм «яжь» къыщысщIихуну махуэм сэ куэд щIауэ сыпэплъэрт.
2 августа, 2022 - 06:23
Рейнджерым и дунейпсо махуэр (World Ranger Day), нэгъуэщIу жытIэмэ, МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм я махуэр, ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 46-м гъэ къэси бадзэуэгъуэм и 3I-м щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэ къыщащтар Рейнджерхэм я къэрал зэхуаку федерацэм (International Ranger Federation, IRF) 2007 гъэм иригъэкIуэкIа зэIущIэрщ.
1 августа, 2022 - 07:58
ИлъэсийкIэ узэIэбэкIыжмэ, Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ щIалэ IэпэIэсэ, егъэджакIуэ, музыкант Iэппыш Бибарс адэжь Хэкум къигъэзэжу къызэрытхэзэгъэжар гуапэщ. Ар Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэфIэкI зиIэ щIалэщ.
1 августа, 2022 - 06:57
Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэщ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу адыгэ щIалэм и IэрыкIхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы ещI къэлътмакъхэр, бгырыпххэр, ахъшалъэхэр, паспорттелъхьэхэр, шабзалъэ- хэр, сампIэхэр, фочылъэхэр, тхьэгъухэр, Iэлъынхэр, пщэхъухэр, Iэпщэхъухэр.
1 августа, 2022 - 06:56
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Адыгэ Республикэр илъэси 100 зэрырикъуамкIэ абы и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат ехъуэхъуащ.
31 июля, 2022 - 06:55
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ щекIуэкIащ Урысейм и МВД-м Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ къулыкъущIапIэ нэхъыщхьэм и нэIэм щIэту къызэрагъэпэща фэеплъ зэпеуэр. Iэпщэрыбанэ зэуэмкIэ мы гъэм ещанэу екIуэкI зэхьэзэхуэр траухуат хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэу Луганск, Донецк цIыхубэ республикэхэм, Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыхэкIуэдахэм я фэеплъым.
31 июля, 2022 - 06:54
Илъэси 160-м нэблэгъащ адыгэхэм я нэхъыбэм я адэжь Хэкур зэрабгынэрэ. ЛIэщIыгъуэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр щиухам ди лъэпкъэгъу минхэр къарукIэ ирахуат е гъэпцIагъэкIэ хэхэс хъуат.
30 июля, 2022 - 10:53
Хьэпэпххэ я унагъуэр Кременчуг-Константиновкэ щопсэу. Езым я мылъкукIэ къащэхужауэ аращ зыщIэс унэр. Фаридэ жьэгум и хъумакIуэщ, щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ иIэщи, псори унагъуэ хъужащ езыр и щIалэ нэхъыщIэм бгъэдэсщ. ЗэрыбыниплIым я нэхъыжьыр Дубаи щопсэу, абыи унэ къищэхуауэ къэкIуэжыну зегъэхьэзыр.
Страницы
|