|
Статьи на кабардинском языке
13 августа, 2021 - 09:29
Туризмэмрэ лъахэхутэм ехьэлIауэ къызэрагъэпэщу «Альтаир» зыфIаща щIалэгъуалэ проектым пщэрылъ зыщищIыжа Iуэхухэр зэпигъэунукъым, ахэр иджыри Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ.
12 августа, 2021 - 07:03
115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм хэта зауэлIхэм я фэеплъу Тэрч къалэм дэтым деж иджыблагъэ пэкIу щекIуэкIащ. Ар траухуат илъэс 79-кIэ узэIэбэкIыжмэ, бадзэуэгъуэм и кIэм къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум ику пщIондэ Ростов областым хыхьэ Мартыновкэ районым и тафэхэм щызэуа, зи псэр абдеж щызыгъэтIылъа ди лъэпкъэгъухэр ягу къагъэкIыжыным.
12 августа, 2021 - 07:01
Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м и ухуэныгъэхэм ящыщу къати 8-уэ зэтет унэр коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щеIэзэ госпиталу къызэрызэIуахыным хуагъэхьэзыр. Лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр зригъэлъэгъуащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.
12 августа, 2021 - 06:57
КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Маратрэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ зыхэта зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщыр сыт и лъэныкъуэкIи къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыным теухуауэ къапэщыт лэжьыгъэхэр зэфIэгъэхьэным.
11 августа, 2021 - 14:36
Китайм щыщ Цзецзе Инь Урысей Федерацэм къакIуэри, Пермь дэт Къэрал лъэпкъ къэхутакIуэ университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэригъэгъуэтащ. ЗэрыцIыкIурэ литературэм дихьэх щIалэр китай, урыс тхылъ куэд еджащ икIи зригъэпщэн мурадкIэ, и щIэныгъэр Урысейм щыпищэм нэхъ къищтащ.
11 августа, 2021 - 12:49
Хэкумрэ Тыркумрэ къыщинэмыщIауэ, адыгэбзэр щадж Куржым и Тбилиси къэрал университетым, Швецием щыIэ Мальмо университетымрэ Люнд университетымрэ, Голландием и Лейден университетым, Канадэм -МакМастер университетым, Австралием щыIэ Квинсленд университетым, нэгъуэщI къэралхэми.
11 августа, 2021 - 11:20
2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ программэ гъэщIэгъуэн яублащ Урысейм и студентхэм къэралым я нэгу зыщрагъэужьыным теухуауэ. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, ар иригъэжьащ УФ-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм.
11 августа, 2021 - 10:41
Налшык къалэ дэт Лъэпкъ музейм мазэ кIуам гъэлъэгъуэныгъэ дахэ щекIуэкIащ. Америкэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу щIалэ Зак Кахадо и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт 18 и хэкужь къишэжри игъэлъэгъуащ. Еплъа псоми телъыджэ ящыхъуащ США-м къыщалъхуа адыгэ щIалэм и гупсысэхэмрэ щыIэкIэмрэ къызэриIуэта сурэтхэр, абы и плъыфэ фIыцIафэ-гъуэбжафэр, лэжьыгъэхэм ящIэлъ гупсысэмрэ «ягъэIу» макъамэмрэ.
10 августа, 2021 - 06:57
Саралъп Мадинэ и Арт-центрым мы махуэхэм щекIуэкIащ «Жан» литературэ хасэм къызэригъэпэща усэ пшыхь.
Иджырейр IыхьитIу гуэшауэ щытащ, япэр хуэгъэпсат гъэмахуэм къалъхуа усакIуэхэмрэ гъэмахуэм теухуауэ ятха усэ нэхъыфIхэмрэ. ЕтIуанэр - Абхъаз усакIуэхэу Искандер Фазилрэ Зантарие Владимиррэ яхуэгъэпсат.
10 августа, 2021 - 06:52
Дуней псом тхуэнейрэ и чемпион (тIур щхьэ зытелъ стадионхэм къыщихьащ), Европэм щэнейрэ щытекIуа, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэрыхьа, НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп джэгухэм и дыщэ медалыр къэзыхьа, «Налкъутналмэс лигэм» щэнейрэ щынэхъыфIа, нэгъуэщI лъагапIэ куэди къызэхъулIа, спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ласицкене (Кучинэ) Марие дэтхэнэ спортсменми и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр - олимп чемп
Страницы
|