|
Статьи на кабардинском языке
4 июля, 2021 - 09:44
Истамбыл хиубыдэ Бейогълу куейм «голланд сэрей»-кIэ еджэу зы уардэунэ дэтщ. 1700 гъэхэм и пэщIэдзэм абы къыщыхъуа зы лъагъуныгъэ хъыбарщ фхуэсIуэтэжынур. ГурыщIэр яку къыдэхъуауэ щытащ адыгэ пщащэмрэ Голландием и лIыкIуэмрэ (посолымрэ).
3 июля, 2021 - 09:35
Ди газетеджэхэм фIыуэ яцIыхун хуейщ нэхъ пасэу тхыгъэ зыбжанэ зыхуэдгъэфэща, «ЛIэщIыгъуэ телъыджэ» тырку киносериалыр зи IэдакъэщIэкI, а къэралым щыпсэуа адыгэ актрисэ, сценарист Шыгъэлыгъуэ Мерал.
2 июля, 2021 - 07:27
Хы ФIыцIэ Iуфэм узыщрихьэлIэ фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэлъщ: «Псы - у (ы) - шъ (у) хъо».
Шапсыгъ диалектыр къэзыгъэсэбэпхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «псыущхъуэ» псалъэм къикIыр «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэр аращ.
1 июля, 2021 - 07:11
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ, мэкъуауэгъуэм и 30-м, теленэтын занщIэмкIэ жэуап яритащ ди къэралым и цIыхухэм кърата упщIэхэм. УФ-м и «Япэ», «Россия 1», НТВ, «Мир» канал нэхъыщхьэхэм къызэрагъэпэща теленэтын занщIэм щIидзэн ипэ редакцэхэм къагъэхьа упщIэхэм я бжыгъэр мелуанитIым нэсат.
1 июля, 2021 - 07:11
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэгъуэм и 29-м гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.
1 июля, 2021 - 07:10
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.
30 июня, 2021 - 08:11
Адыгэ бзылъхугъэ гуакIуэ, анэ гумащIэ Мэз Каринэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм политикэмкIэ, спортымрэ хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ комиссэм хэтщ. Ар зэфIэкI, къару ин зыбгъэдэлъ, спортымкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьэ бзылъхугъэщ. Кавказ Ищхъэрэм цIыхубзхэм ящыщу тIэунейрэ Эверест и щыгум дэкIауэ диIэр Каринэ и закъуэщ.
30 июня, 2021 - 08:09
УсакIуэ, тхакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ щытхъуцIэу иIэр мащIэкъым, ахэр къимылэжьауи къыIэрыхьакъым. Нэгъабэ хуэфащэ дыдэу «Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, а щIыхьыр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ вагъуи Президент Путин Владимир Кремлым къыщыхилъхьащ. Зэрылъэпкъыу - хэхэси, хэкурыси - дригуфIащ, дригушхуащ, дрипэгащ а Iуэхугъуэм.
29 июня, 2021 - 06:51
Мэкъуауэгъуэм и 17 - 20-хэм Москва и Утыку плъыжьым щекIуэкIащ «Красная площадь» VII тхылъ фестивалымрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я V лъэпкъ литературэ фестивалымрэ. Ди республикэм и цIэкIэ тхылъ выставкэм хэтащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ.
29 июня, 2021 - 06:46
ЦIыхум хуэдэу, щытыкIэ нэхъ гугъу дыдэхэм иту, щIэмычэу абыхэм я къулыкъур ирахьэкI. Псори есащ абыхэм я сакъыныгъэмрэ пэжыныгъэмрэ дзыхь хуащIу. Ахэр IулъхьэкIэ къыпхудэхьэхынукъым, зихуэдэ щымыIэ гъусэу къыпхущIэкIынущ икIи цIыхум зыри щыхузэфIэмыкIыж щIыпIэхэм емызэшу щылэжьэфынущ.
Страницы
|