Статьи на кабардинском языке

ЗИ ФАЩЭР ЗИ ГЪЭСЭНХЭМ Я ЩАПХЪЭ

Зызыхъуэж зэпыту екIуэкI гъащIэм псэемыблэжу хэлэжьыхь, жэщ-махуэ имыIэу цIыхупсэм и хъумакIуэу щыт, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм я лъахэм курых хуэхъу лэжьакIуэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр къыдэкIуэтей щIэблэр узыншэу, акъыл жан яIэу, гъэсауэ, пкъыфIэу дунейм тетынырщ. Мы гупсысэр зи Iуэху зехьэкIэкIэ къэзыгъэнахуэ цIыхубзщ Маршэн-Куржы Агнессэ.

«Шынагъуэншагъэм и еджапIэ»

Налшык къалэм щыIэ «Кизиловка» турбазэм щекIуэкIащ сабийхэм я республикэ зэхьэзэхуэ, ­«Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» проектым хыхьэу Урысей МЧС-м зэхишауэ. 

КАВКАЗ ЗАУЭР ЩИУХЫМ

е 1864 гъэм накъыгъэм и 21-р
 
…1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ, убыххэм я лъахэм) щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ парад щекIуэкIынут.

ГъэсакIуэ жыджэрхэр утыку къохьэ

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым илъэс къэс щокIуэкI гъэ­сапIэхэм я IэщIагъэлI­хэм я зэпеуэ. «Урысейм и гъэсакIуэ нэхъыфI-2022» мыгъэрей зэхьэзэхуэм и щIыпIэ Iыхьэхэр зэфIэ­кIащ. Мы махуэхэм Налшык щызэхашащ ди республикэм и районхэм, ­къалэхэм щыIэ сабий ­гъэсапIэхэм щекIуэкIа апхуэдэ зэпеуэхэм пашэ щыхъуахэр зыхэт зэпеуэ. ЩIыналъэпсо зэхыхьэм кърагъэблэгъащ гъэсакIуэ пажэ 13.

Зы цIыху закъуэм папщIэ газет

Газетым и мыхьэнэр къызэрагъэлъагъуэ пщалъэхэм язщ ар зыIэрыхьэ цIыху бжыгъэр. Ауэ хэт и пщIыхьэпIэ къыхэхуэнт зы цIыху закъуэм щхьэкIэ газет ягъэхьэзырынкIи хъуну?! 

Мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ Парламентым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Май щIыналъэр щапхъэу къигъэлъагъуэри, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум теухуауэ къэпсэлъащ щIыналъэ администрацэм и унафэщI Саенкэ Татьянэ. 

ЛъэужьыфIэу Iэужьыбэ

ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зэрихьэу Нартан къуажэ  дэт унэ-музейм накъыгъэм и 18-м щагъэлъэпIащ Музейхэм я дунейпсо махуэр. 

Шабзауэ нэхъыфIхэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт еджапIэм щызэIущIащ узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэм я школым и гъэ­сэн­хэмрэ шабзэкIэ уэ­нымкIэ Урысейм и паралимп гупым хэтхэмрэ.
 

Къалэнхэмрэ мурадхэмрэ

КъБР-м и Iэтащхьэр ды­гъуасэ депутатхэм яIущIащ. Абы хэтащ ­УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и аппарату ­КИФЩI-м щыIэм и федеральнэ инспектор нэхъыщ­хьэр, КъБР-м и прокурорыр, Правительствэм хэт­­хэр, КъБР-м цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэр, ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIыр, республикэм и район, къалэ ок-руг администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

ХЪЫБАРЕГЪАЩIЭ IЭНАТIЭМ ЩЫЛАЖЬЭХЭМ Я ЗЭIУЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм къыщыдэкI газетхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ иджыблагъэ щек1уэк1ащ «Баксанский вестник» газетым и редакцэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке