Статьи на кабардинском языке

Я ЗАКЪУЭ ЯХУЗЭФIЭКIЫНУКЪЫМ

Ди республикэр щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ бей щIыналъэу къалъытэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэу куэд щопсэу. Абыхэм яхэтщ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэнухэри. Ар къыхокI ди щIыгум щIыIагъэ-хуабагъэ, псыIагъэ-гъущагъэ я лъэныкъуэкIэ щыщыIэ щытыкIэмрэ лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу и геологием къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ.

ПАСЭРЕЙ ЦIЫХУМ И ХЭЩIАПIЭ

Неандерталец (палеонтроп) жыхуаIэ цIыху лъэпкъыгъуэр илъэс мин 600 и пэкIэ Европэм щыпсэуащ икIи илъэс мин 40-кIэ узэIэбэкIыжмэ икIуэдыкIыжауэ е нэгъуэщI лъэпкъым хэшыпсыхьыжауэ хуагъэфащэ. Абыхэм я хьэдэ къупщхьэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ ди щIыналъэм зэи зыри щрихьэлIатэкъым нобэр къыздэсым, ауэ Зэикъуэ къуажэ щыIэ бгъуэнщIагъхэм ящыщ зым иджыблагъэ къыщагъуэтащ неандерталецым и къупщхьэ…

АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ КЪИХЪУМАЩ

Щоджэн Берсис 1978 гъэм Тыркум щыщ Мэраш къуажэм къыщалъхуащ. Мармара университетым юристу щеджащ. Истамбыл унагъуэу щопсэу.

И адэшхуэм и адэшхуэ Гъумарт Хэкум икIауэ щытар. 1896 гъэм Шэрэдж икIри, мэчэм хьэжыщI кIуати, абы къыщынащ, и унагъуэр и гъусэу. Гъумар - Мырзэбэч - Iихьсан - Исмэхьил - Берсис. КъуэшитIрэ шыпхъуитIрэ иIэщ. Мыпхуэдэщ и лIакъуэр.

ЕЗЫГЪЭЗЭКIАР КЪАХУЭЩIЭРКЪЫМ

ЩIым къыхуэблагъэу зыхужаIа уафэщIым, къызыхэкIар къахуэмыщIэу, лъэныкъуэкIэ ириIуэнтIэкIыжащ.

ЖЬЭГЪУП- ДЖУБГЭ - ЖЬЫУБГЪУ

  Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм яхэтщ ди нобэрей гъащIэм куэдрэ щызэхэтххэри. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Джубгэ (Жьыубгъу) фIэщыгъэр. Абы и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Лъахэхутэ, щIэныгъэлI Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъым зэритымкIэ, «жьыубгъу» псалъэм къикIыр езым къеIуэтэж, «жьым зыщиубгъу щIыпIэ» жыхуиIэу.   

ЛIЫХЪУЖЬЫГЪЭМ И ДЕРСХЭР

Ди республикэм зэи щызэпыуркъым ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ драгъэкIуэкI хэкупсэ гъэсэныгъэр. Мы ­махуэхэм абы ехьэлIа лэжьыгъэ щхьэпэхэр щекIуэкIащ ­щIыналъэм хыхьэ къалэхэм, щIыпIэхэм. Абыхэм я щапхъэщ Налшык къыщызэрагъэпэща зэIущIэхэр.

ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭКIЭ ЯПЭУ УТЫКУШХУЭМ КЪОХЬЭ

Владимир областым хыхьэ Суз­даль къалэм иджыблагъэ ще­кIуэ­кIа алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатым зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэл­ъ­э­гъуащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ спорт­с­менхэм.

ХЬЭРЫЧЭТ IУЭХУМ ЗРАГЪЭУЖЬ

Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и ­министр Илюшниковэ Татьянэ видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ иригъэкIуэкIа зэхы­хьэр триухуат «Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ, хьэ­рычэтым жэрдэм къыщызыгъэлъагъуэхэм ядэIэпыкъун» лъэпкъ проектыр щIыналъэ­хэм зэрыщагъэзащIэм.

КЪЭРАЛЫР ЗЭРЫТ ЩЫТЫКIЭР ЗЭХЭТЩIЫКIЫУ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и Правительствэм хэтхэмрэ щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ зыхэта зэIущIэ. Абы нэхъыбэу щытепсэлъыхьащ Донецк, ­Луганск цIыхубэ республикэхэм я цIыхухэу зи псэупIэр IэмалыншагъэкIэ IэщIыб зы­щIахэм ядэIэпыкъун зэры­хуейм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм.

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И МАФIЭГУР» НАЛШЫК КЪЭСАЩ

Дыгъуасэ «Налшык» гъущI гъуэгу станцым «ТекIуэныгъэм и мафIэгур» къэсащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке