Статьи на кабардинском языке

Лъэпкъ газетхэм я гукъеуэхэр

Вэсэмахуэ Владикавказ щекIуэкIащ лъэпкъ газетхэр нобэ зыIууэ гугъуехьхэм­рэ ахэр къызэнэкIынымкIэ лэжьыпхъэ­хэмрэ ятеухуа етIуанэ дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц. Абы жыджэру хэтащ икIи купщIафIэу къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэри.

Фэеплъхэр зыгъэпсхэр

Скульптурэр гъуазджэм и лIэу­жьыгъуэ нэхъ гугъухэм икIи зэман нэхъыбэ зытекIуадэхэм ящыщу къыщIэкIынщ. Ауэ дэтхэнэ лэжьыгъэри тхыдэм, зэманым и щыхьэту къоув, лIыхъужьыр е къэхъукъащIэр гъуджэм къригъэщыжми ярейуэ.

УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек накъыгъэм и 27-м хэтащ Урысей Фе­дерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыу­жьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумымрэ УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм и коллегиемрэ я зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ Урысейм и вице-премьер Хуснуллин Марат.

Адыгэшым и ехъулIэныгъэщIэ

Италием хыхьэ Пизэ къалэм шыгъажэ кIыхьхэмкIэ дунейпсо чемпионат щекIуэкIащ накъыгъэм и 22-м. Шу 81-рэ щызэпеуа а зэ­хьэзэхуэм адыгэши зэрыхэтынум щыгъуазэ фытщIауэ щытащ.
Урысейм икIыу чемпионатым шууитху екIуэлIат: Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу плIы (Зыхъуэ Замир, Сибэч Артур, Джатэ Щамил, Хъуп­сырджэн Залым), КъШР-м щыщу зы (Кубанов Рамин).

ЩIэупщIэшхуэ зыгъуэта IэщIагъэ

Фэилъхьэгъуэхэр, цIы­хубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэуп­щIэш­хуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. А псоми я лэжьыгъэр къызэ­щIэ­зыубыдэ дизайнер IэщIагъэрщ Хъуран Лиани илъэси 8 хъуауэ зыхэтыр.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ири­гъэкIуэкIащ зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр.
Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, муници­пальнэ зэгу­хьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

Гъэсэныгъэм и зы Iэмал

ЩыцIыкIум щегъэжьауэ щIэблэм егъэ­цIыхун хуейщ къы­зыхэкIа лъэпкъыр. Абы Iэмал иIэщ: и ныбжьым хуэгъэза­ ­тхы­гъэхэм укъыхуеджэурэ, хуэщIэн хуэдизкIэ лъэпкъ Iуэхум хэбгъэхьэурэ.

Сэхъурокъуэ Хьэутий:Къепхьэжьа Iуэхур цIыхум хьэкъ щыпщIыфмэ, сытри лъэкIынущ

- Уи псэлъэкIэр зэхэзыха дэтхэнэ зым и дежкIи наIуэщ адыгэбзэ ­къабзэ зэрыпIурылъыр, Хьэутий. Адыгэгу зэрыпкIуэцIылъми адыгэ­псэ зэрыпIутми шэч хэлъкъым. Сыт абыхэм я къежьапIэр?

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек накъыгъэм и 25-м иригъэкIуэкIащ Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэр.
Зэхуэсым щызэхалъхьэжащ лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэ­щIэ­ным теухуауэ 2020 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щызэфIагъэкIахэр икIи зыхуагъэувыжахэм ящыщу ды­зэрыт илъэсым и япэ мазэхэм зрагъэхъу­лIахэр.

Адыгэхэр: блэкIар, нобэр, къэкIуэнур

Ди газетым зэрытетащи, на­къыгъэм и 18-м ­КъБКъУ-м щызэхэтащ «Адыгэ­хэр: блэкIар, нобэр, къэ­кIуэнур» фIэщыгъэм щIэт дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц. Адыгэ­хэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Дуней­псо Адыгэ Хасэм къызэ­ригъэпэща а Iуэху щхьэ­-пэм хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Мэздэгу къикIа лIыкIуэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке