|
|
Статьи на кабардинском языке
20 апреля, 2022 - 06:35
2022 гъэм и фокIадэ мазэм ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым къыщызэIуахынущ гъуазджэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, утыку итыкIэм, бжыгъэрылъанэ къэгъэщIыгъэхэм я щыIэкIэ хъунум, зэрызепхьэну щIыкIэхэм щыкIэлъыплъ икIи щызэрагъэзэхуэж центр.
20 апреля, 2022 - 06:35
КъБР-м и прокуратурэм къудамэ хэха иIэщ щIэпхъаджагъэ зыщIэу суд унафэкIэ тезыр зытралъхьахэм ар щрагъэпшыныжкIэ къэрал законхэр гъэзэщIа зэрыхъум, щхьэхуимытхэм я хуитыныгъэхэр къызэпамыудыным кIэлъыплъу. Абы и унафэщI Къуэкъуей Артик яIущIащ Урысей ФСИН-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэм я къуэдзэхэм.
20 апреля, 2022 - 06:35
Апхуэдэ фIэщыгъэ зэрехьэ Геленджик (Хъулъыжъый, ХьэфIыцIей) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэлъэдэж Пшадэ и къуэпс нэхъ инхэм ящыщу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэм.
ЩIыпIаплъэхэм я деж цIэрыIуэ щыхъуа Дэгубэ и «гущапIэр» Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къыгуэщхьэхукIа Къуацэгъур сэнтхыщхьэр зыгъэбжьыфIэ Тхыбэ Iуащхьэм (метр 905-рэ и лъагагъщ) хы IуфэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.
19 апреля, 2022 - 05:54
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIэныгъэлI гупым Урысей щIэныгъэ фондым и грантыр иджыблагъэ къахьэхуащ.
19 апреля, 2022 - 05:53
Мэлыжьыхьым и 19-р Ажэгъуэмэм и махуэу япэ дыдэу щагъэлъэпIар Инджылызырщ. Ар къыщыхъуар 1984 гъэрщ. Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу, а Iуэхум ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщ куэдыр «еувэлIащ».
19 апреля, 2022 - 05:53
ДыщыцIыкIум ди адэ-анэм куэдрэ ди закъуэу пщIантIэм дыкъыданэн хуей хъурт. Илъэситху хъуа сэрэ зы илъэскIэ сэ нэхърэ нэхъыщIэ Вовэрэ нэхъыжьу дыкъагъанэрти, зи ныбжьыр илъэситIым нэса къудей Тимошэрэ илъэсым ит Валерикрэ дакIэлъыплъырт.
18 апреля, 2022 - 06:35
Витязевэ къалэм дэт узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Витязь» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. «Лоу-кик» лIэужьыгъуэмкIэ зэхэта зэпэщIэтыныгъэхэм къекIуэлIащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмен 1300-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым кикбоксингымкIэ и школым и гъэсэнхэм Витязевэ медаль зэмылIэужьыгъуи 7 щызыIэрагъэхьащ.
18 апреля, 2022 - 06:35
Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм щрагъэкIуэкIащ суд зытращIыхьа, ауэ зи тезырыр тутнакъэщым имысу япшыныжыну хуит ящIахэр зыхэта Iуэху. Ар теухуат экстремизм, терроризм щIэпхъаджагъэхэм ахэр хэмыпщIэным.
18 апреля, 2022 - 06:35
«Урысейм и сабийхэр-2022» Iуэхум и япэ Iыхьэм хиубыдэу Налшык къалэм дэт курыт еджапIэхэу №№21, 13-хэм стIол хъурей щытыкIэм тету щекIуэкIащ школакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ псалъэмакъ щхьэпэ щыдрагъэкIуэкIа зэIущIэ.
17 апреля, 2022 - 06:35
Налшык и къалэкумрэ абы и Iэхэлъахэмрэ япэу зыкъэзыIэта удзыр къыщах. Иджырей техникэхэмкIэ къызэгъэпэща коммунальшикхэр щолажьэ Хъурэным и уэрамым хуэзэ лъэс зекIуапIэщIэм, Дэшхуей хадэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, Балъкъэр драмэ тетрым и Iэхэлъахэм.
Страницы
|