Статьи на кабардинском языке

МАРИЕ И СУРЭТ ТЕЛЪЫДЖЭХЭР

Налшык и «Малахитовая шкатулка» арт-салоным щагъэлъагъуэ Москва щыпсэуа, илъэс зыбжанэ ипэкIэ ди республикэм къэIэпхъуэжа, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ, альпинисткэ Загорская Марие и лэжьыгъэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ещанэу Марие и сурэтхэр зэрыщагъэлъагъуэр. Выставкэр и жэрдэмщ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ.

ПIАЛЪЭМ КЪЫКIЭРЫХУРКЪЫМ

Шэрэдж щIыналъэр къуршылъэ щIыпIэу зэрыщытым къыхэкIыу, и чэзум гъатхасэр къызэрырахьэлIэным я зэфIэкI псори ирахьэлIэ.

Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Шэрэдж , Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэмрэ ди республикэм и адрей тафэтес щIыпIэхэмрэ, гъатхасэ е бжьыхьэ хэгъуэ ирехъуи, мазэ пIалъэр я зэхуакуу къокIуэкI. Аращ уэфIу екIуэкI зы махуэри къыщIагъэсэбэпыр.

ФЭЕПЛЪЫРЩ ЦIЫХУГЪЭР ЗЫIЭТЫР

ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ къэблагъэм ди щIыналъэм ехьэжьауэ зэрызыхуигъэ­хьэ­зырым и нэщэнэщ къуажэхэми къалэхэми абы зыдащIу, нэхъыжьхэм зэрахьа лIыгъэм и теплъэгъуэкIэ уэрамхэри, IуэхущIапIэхэри, еджапIэхэри зэрагъэщIэращIэр. ЗэIущIэ­хэр къызэрагъэпэщ, гъэлъэгъуэныгъэхэр ящI, зекIуэхэр зэхашэ.

ГЪУНАПКЪЭ ЗИМЫIЭ ЛЪЭМЫЖ

XIX лIэщIыгъуэр щиух илъэс­хэм хиубыдэу, нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, 1895 гъэм, щIэмкIэ накъыгъэм и 7-м, Санкт-Петербург дэт технологие университетым и егъэджакIуэ, инженер Попов Александр а лъэхъэнэм ху­зэ­фIэкIар дуней псом и къэхъу­гъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ.

СЫТМИ ЩЫМЫШЫНЭУ

Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу Дзэ Плъыжьым зэи бзылъхугъэ хэтакъым, къэрал гъунап­къэхэм къулыкъу щы­зыщIэ я щхьэгъусэхэм ящIыгъуахэм фIэкIа. 1941 гъэм и шыщхьэуIу мазэм гурыIуэгъуэ хъуат дзэм цIыхубзхэри ираджэн зэры­хуейр. 

ПОЛИКЛИНИКЭЩIЭМ И ЛЪАБЖЬЭР ЯГЪЭТIЫЛЪ

Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ ин дыдэу итыну поликлиникэм и лъабжьэр дыгъуасэ ягъэтIылъын щIадзащ, япэ бетон кубыр щIэщIыкIым дакIащ. Ар щаухуэ Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м и Iэгъуэблагъэм.

ХЭКУМ ТЕУХУА УЭРЭДХЭР ЯГЪЭЗАЩIЭ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым щекIуэкIащ ­«Гъат­хэ макъамэхэр» зэхыхьэр. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къы­зэрыщахьам, Къэбэр­дей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэ­си 100 зэрырикъум  я щIыхь­кIэ къы­зэрагъэпэща пшы­хьым щыжаIащ Хэкум, зауэм теухуа уэрэдхэр.

ЛЪЫМРЭ НЭПСЫМРЭ КЪАХЭХЪУКIА ГУФIЭГЪУЭ

Урысей Федерацэм и махуэгъэп­сыр гуфIэгъуэ дауэдап­щэ­хэмкIэ ­гъэн­щIащ, ауэ мыхьэнэкIэ къап­щтэмэ, абы­хэм куэдкIэ йопэгэкI Накъыгъэм и 9-р.

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭР ТХУХЭЗЫША

Лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ СССР-м тхуэнейрэ и чемпион (1968, 1971, 1972 гъэхэм команднэ зэпеуэм, 1968 гъэм щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм, 1972 гъэм махуэ куэдкIэ екIуэкIа зэдэжэм), дунейпсо чемпион (1970 гъэ), Олимп чемпион (1972 гъэ) Шыхъуэ Борис и ныбжьыр накъыгъэм и 8-м илъэс 75-рэ ирокъу.

ПЩIЭНШЭУ IУЭХУТХЬЭБЗЭ ХУАЩIЭ

Урысей ФСИН-м и Управленэу ди республикэм щыIэм епха уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и лэжьакIуэхэм юридическэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэу ират я деж учётым щыщытхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке