Статьи на кабардинском языке

ХЬЭРЫЧЭТЫЩIЭ IЭНАТIЭМ И ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым накъыгъэм и 16-м щекIуэкIынущ технологием епха щIалэгъуалэ хьэрычэтыщIэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм щытепсэлъыхь, къыпэщылъ Iуэхугъуэхэмрэ зыIууэ гугъуехьхэмрэ щызэпкърах зэIущIа зэIуха.

ПАСЭРЕЙ ЩЭХУХЭМ ЯЩЫЩ ЗЫ

Дунейм щэнхабзэ куэд тетщ. Абыхэм я нэхъыбэм къызэращтэмкIэ, лIахэр щIым щIалъхьэри, я кхъащхьэм сын трагъэувэж. Ауэ Китайм, Филлипинхэм, Индонезием щопсэу лъэпкъ зыбжанэ, я лIахэр бэным далъхьэрэ, ахэр къыр задэхэм кIэращIэу.

ДРОПАГЭ ИКIИ ДРОГУШХУЭ

ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралыр зэрыхуауэ щыта политико-экономикэ щытыкIэ хьэлъэр куэдым ящIэж. А лъэхъэнэм зэтекъутащ жылагъуэр зэпIэзэрыту зыIыгъа, абы и джэлэсу щыта IэнатIэ куэд. Ар дыдэм хуэкIуэрт щIэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр. Ди республикэм и щIэныгъэ IэнатIэхэр зэманым къаридза удын хьэлъэм къезыгъэла цIыхухэм ящыщщ Иуан Пётр Мацэ и къуэр.

МИНИСТЕРСТВЭМ ЩАГЪЭЛЪАПIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм Урысей Федерацэм ММА-мкIэ и зэхьэзэхуэм щытекIуа спортсменхэм щаIущIащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн. ЗэIущIэм хэтащ «Файт зона» спорт клубым и вице-президент Мэш Алим.

МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИIЭЩ

КлиматкIэ йоджэ щIыпIэ хэгъэунэхукIа гуэрым деж дунейм и щытыкIэм и зыхъуэжыкIэу илъэс псом къыщекIуэкIым, е нэгъуэщIу жытIэмэ, уэмрэ щIымрэ я зэблэхъукIэу гъэм и кIыхьагъкIэ илъэсым и кIуэцIкIэ къыщекIуэкIыр зыхуэдэм.

Махуэшхуэм екIуу зыхуагъэхьэзыр

Ди щIыналъэм хыхьэ щIы­пIэ, къалэ, жылэ псоми мы зэманым ухуэныгъэ щхьэпэхэр, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэфIхэр щокIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралы­гъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу нэр ­игъэгуфIэу «зыкърихынущ» абы и къалащхьэ Налшыки. 

НэщIикIыж хьидыр ягъэлъапIэу

Аруан районым хыхьэ Чернэ Речкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ  и унэм и утыкум хьид махуэшхуэр щагъэлъэпIащ. Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ а жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и ху­дожественнэ унафэщI Бекъул Аслъэн, щIыпIэ администра-цэр и дэIэпыкъуэгъуу. Къуажэдэсхэми даIыгъащ нэщIикIыж махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа Iуэхур.

Адыгэхэр Кърымым

Нобэ Кърыму тцIыху щIыналъэм VIII лIэщIыгъуэм къыщызэрагъэ­пэщауэ щытащ Константинополь ­патриархатым и зы къудамэу Гъуэт епархиер. Феодоро зыфIаща щIы- н­алъэм и члисэ лэжьакIуэхэм яIу­рылъыр пасэрей герман лъэп­къыжьхэр зэрыпсалъэу щыта бзэрт. ИужьыIуэкIэ, IX лIэщIыгъуэхэм алыджыбзэр къызэдащтащ.

И насыпщ ар къызыхэкIа лъэпкъым

Тау Пщыкъан Къес и къуэр къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэщ. Къу­лыкъухэм зэрыпэрыта зэман кIыхьым къриубыдэу абы зэрихьащ къэрал­псо, республикэпсо мыхьэнэ зиIэ IэнатIэхэр. Тау Пщыкъан экономикэ, къэ­рал IуэхущIапIэхэм щызэфIиха и лэ­жьыгъэфIхэм куэдыр щыгъуазэщ. Ар щытащ республикэм и профсоюз ­зэгухьэныгъэм и пашэуи, КъБР-м и Парламентым и депутатуи. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхухэм кIэрыхуакъым

Накъыгъэм и япэрей махуипщIыр, зэрытщIэщи, и нэхъыбэм уэтIпсытIу щытащ. АтIэми, а махуэхэм «Кавказ. ­УФ»-м и курортхэм зыщызыгъэпсэхуахэм я бжыгъэр нэгъабэрейм къызэрыщхьэщыкIа щыIэкъым. Къэдгъэлъэгъуэнщи, «Архъыз», «Iуащхьэмахуэ», «Ведучи» курортхэм я нэгу зыщезыгъэужьахэм я бжыгъэр цIыху мин 28-м щIигъуащ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке