|
Статьи на кабардинском языке
2 августа, 2018 - 06:58
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прокуратурэм щекIуэкIащ коллегием и зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ 2018 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэм, етIуанэ илъэс ныкъуэм законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэнымкIэ зэфIахыпхъэхэр яубзыхуащ.
2 августа, 2018 - 06:57
КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм щекIуэкIащ 2018 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуам щыхэплъэжа зэIущIэ. Абы хэтащ республикэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI, Урысей Федера-цэм щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз Валерэ.
28 июля, 2018 - 05:25
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр иджыблагъэ щыIащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм. КIуэкIуэ Юрийрэ Битаров Вячеславрэ тепсэлъыхьащ зэгъунэгъу щIыналъитIым яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм адэкIи зегъэужьыным.
28 июля, 2018 - 05:22
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий бадзэуэгъуэм и 26-м иригъэкIуэкIащ Наркотикым пэщIэтынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комиссэм и зэIущIэ.
28 июля, 2018 - 05:17
Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дунейпсо фестивалым хэтыну Тыркум къэкIуа гупыр япэ махуэм иригъэблэгъащ Мараш къалэм и унафэщIым. Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ Эркоч Фатхьи Мехметрэ щIыналъитIым я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм, адыгэ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэкъуэшыныгъэм, нэгъуэщI Iуэху дахэхэми тепсэлъыхьахэщ.
26 июля, 2018 - 08:29
КIуэкIуэ Ю. А. хэтащ Урысейм и МЧС-мрэ къэралым и щIыналъэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм теухуа селектор зэIущIэм
26 июля, 2018 - 08:27
КъБР-м и Правительствэм бадзэуэгъуэм и 24-м щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и IуэхущIапIэхэр 2018 - 2019 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэгъэхьэзырынымкIэ щыIэ комиссэм и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - республикэм инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ Владимир.
24 июля, 2018 - 08:37
Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 104-рэ щрикъум ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу, пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж.
24 июля, 2018 - 08:36
Жылэтэж Сэлэдин сэрэ Арщыдан къуажэм дыкъыщыхъуащ, курыт еджапIэри къызэдэдухащ. Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ, жыхуаIэращи, пасэу тхэн щIидзат. Абы зэрыцIыкIурэ гущIэгъу хэлът. СощIэж Пионерым и махуэр дгъэлъапIэу Арщыдан мэз лъапэм дыщыIэу, зыми гу зылъыдмыта блэшхуэр башым фIэлъу къызэрихьар. ЯпэщIыкIэ дигугъащ абыкIэ хъыджэбз цIыкIухэр игъэщтэну арауэ.
24 июля, 2018 - 08:34
Кърымым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Республика Форос - 2018» зыфIаща дунейпсо щIалэгъуалэ форумым и 20-нэ зэхыхьэр. Абы хэтащ ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмкIэ Урысей академием (РАНХиГС) и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ институтым экономикэмкIэ, управленэмрэ правэмкIэ и факультетым и 2-нэ курсым и студенткэ Шихмагомедовэ Джулинэ.
Страницы
|