Статьи на кабардинском языке

ЖЫЛЭТЕЖ АХЬМЭД И КЪЫКIЭЛЪЫКIУЭ ТЕКIУЭНЫГЪЭ

Дыгъэгъазэм и пэщIэдзэхэм Сыктывкар къалэм щекIуэкIащ СССР-м спортым щIыхь зиIэ и мастер Паршуков Владимир и фэеплъу бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэмрэ спортым и мастер дамыгъэхэмрэ щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 19-м къикIа спортсмени 100-м щIигъу. 

ПЩЫМ Я ЗЭНЫКЪУЭКЪУР УЭРКЪЫМ Я МЫГЪУЭЩ

Пщыуэлий Щоджэныкъуэ и къуэ Алыджыкъуэ лIы пхъашэт, ерыщу Къэбэрдей псор зэригъэдэIуэну и унафэ щIигъэувэну хущIэкъу пщыуэлийт. Ер къызэрыкIар цIыхут хабзэжьыращ. Къырым хъаныгъуэр чэзукIэ къызылъыса тэлъэустэней малъхъэ Джэнбэч Джэрий и деж фIыщIэ лей къыщихьын мурадкIэ Алыджыкъуэ 1626 гъэм нэрыбгэ 140 саугъэту хуригъэшащ.

ЗЭГЪЭПЩЭНЫГЪЭ

Куэбжэм укъызэрыдэбэкъукIыу, занщIэу узыкIэрыхьэ Iуащхьэ хъуреишхуэр щхъуантIэ дахэу щытащ, укIэрыплъэн къудейр гухэхъуэу. Унагъуэхэм къыдаутIыпщыкIа шкIащIэ, танэ къэжэпхъахэм я хъупIэ бэгъуат. Удзымэр къыпIурыуэрт зыщумыгъэнщIу... Иджы нэгъуэщIу зихъуэжащ а щIыпIэ дахащэр къыумыцIыхужыну, дыгъэм илыпщIа къум нэщIым ещхьу. Плъыжьыфэ хъуащ.

ЛЪЭПКЪ ЩIЭНЫГЪЭЛI БГЪЭЖЬНОКЪУЭ БАРЭСБИЙ

Ди лъэпкъым игъащIэми къыддекIуэкI ди хабзэр, нэмысыр джыным, екIуу зехьэным, а лъэпкъ фIыгъуэхэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэным гулъытэ хэха хуэзыщIу, ахэр зыгъэнэхъапэу псэуа щIэныгъэлIхэм ящыщщ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий Хьэчим и къуэр. Нобэ, дыгъэгъазэм и 8-м, илъэс мэхъу а еджагъэшхуэр къызэрытхэмытыжрэ…

ХЕЙМ ИЛЪ ХАМЭМ ЕЩIЭЖ

ЩIыуэпсым тепсэлъыхь хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм иужьрей илъэситI- щым и гугъу ящI Австралием щыпсэу цIыхухэм дыдыкъушхэм я щхьэ зэрыщIрагъэхьам. Сыту пIэрэ иджыри къэс мэзым щIэса бзухэм я псэупIэр щIахъуэжар? 

ПЩЭДДЖЫЖЬ ДЫЖЬЫНЫЧ

Пщэдджыжь дыжьынычым къыхэзбжыкI уэс налъэхэм гъатхэ къагупсыс. Къагупсыс макъамэ. Акъужь щIыIэтыIэм макъыр епхъуэтэжри, ар жьы къабзэм хепхъэ. Мы дунейр мэдаIуэ, мы дунейр мэбауэ. IэгукIэ къыщIэзгъалъэри, сэ жьы щIыIэтыIэм щызу сеIубауэ, гъатхэм сыхокIуатэ… Уэ мы сигу къииным и дунейр пцIыхуатэм! Псалъи жомыIатэм… Гъатхэм уIущIатэм! Гъатхэм уIущIатэм, къэпцIыхунут си гур.

АЛЫДЖХЭМРЭ АДЫГЭХЭМРЭ Я ЗЭУЭКIЭМ ХЭЛЪ ЩХЬЭХУЭНЫГЪЭХЭР

Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэуэкIэми зэщхь мымащIэхэр яхыдолъагъуэ. Пасэрей адыгэ хабзэмкIэ, зауэлI къаукIарэ абы и хьэдэр бийхэм яIыгъ щIыпIэм къыщынамэ, адыгэхэм абы и хьэдэр къащтэжын е къащэхужын хуей хъурт. Я ныбжьэгъум и хьэдэр зыIэрагъэхьэжын папщIэ, бийхэм ебгъэрыкIуэурэ гупышхуэ щыхэкIуадэ щыIэт. Ар къемыхъулIамэ, къащэхужырт.

РЕСПУБЛИКЭМ И КЪЭРАЛ ГЪУЭГУХЭР ЩIЫМАХУЭМ ХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгъухэр щIымахуэ лъэхъэнэм хуагъэхьэзыращ.

БРАЗИЛИЕМ ТХЫЛЪ ЕДЖЭН ЩЫЩIАДЗЭЖ

ЦIыхухэр тхылъ еджэу ящIыжын папщIэ, Бразилием щылажьэ тхылъ тедзапIэхэм хэкIыпIэ гъэщIэгъуэн къагъуэтащ. 
 Тхылъ тедзапIэхэм я зым и жэрдэмкIэ, метром ущитIысхьэкIэ, билетым и пIэкIэ тхылъ къэбгъэсэбэп хъууэ къагупсысащ. 

АНЗОРЕЙ ХАБЗЭ

Анзорей тхыдэми, хабзэми и къежьапIэр лIакъуэлъэщ Анзорхэщ. «ЛIакъуэлъэщыр» нэхъ жыIэгъуафIэ «лIакъуэлIэш» псалъэм хуэкIуащ. Анзорхэ къатепщIыкIыжа КъуэгъулIыкъуэхи - «Къуэгъулъкъуэ» хъуащ, Анзорхэрэ КъуэгъулIыкъуэхэрэ зы лIакъуэщ, зэщыIейуэ зэшыгъэр яфIэкIуэдами. Пщым и щIыхьыр сыт хуэдизу мылъэгами, абыхэм дэжэгъуу ягъуса лIэкъуэлIэшхэмрэ дыжьыныгъуэхэмрэ пщIэшхуэ яIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке