Статьи на кабардинском языке

ЭЛОНЭ И «ЛЪЭПКЪ ЖЫГЫР»

ЗэпэIэщIэ Iэмалым тету къапщытэжащ зэфIэкI зиIэ сабийхэм папщIэ Санкт-Петербург къыщызэрагъэпэща «Уникум» IX-нэ урысейпсо фестивалым кърикIуахэр. Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту. Абы пашэ щыхъуащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм и еджакIуэ Пщыкъуэ Элонэ. 

АБХЪАЗЫМ ЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Чанбэ Самсон и цIэр зезыхьэ Абхъаз къэрал драмэ театрым и утыкум япэу щагъэлъэгъуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, драматург, усакIуэ, журналист, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Сариа» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр.

СЭРМАКЪДЭСЫР СТАВРОПОЛЬ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Ставрополь къалэм щекIуэкIащ лыжэкIэ къызэдэжэнымкIэ зэпеуэ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым къызэригъэпэща зэхыхьэм хухэхауэ щытащ Студентхэм я дунейпсо махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъумрэ.

КЪЭРАЛЫМ И ЧЕМПИОНАТЫМ ИРАГЪЭБЛАГЪЭ

Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионат. Абы и гуп, щхьэзакъуэ саугъэтхэм щIэбэнащ Ставрополь крайм, Дагъыстэным, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ спортсмени 100-м щIигъу.

ХАМЭЩI КЪИКIАХЭМ ЖАIАЩ

Шэрджэсхэр я хъыджэбзхэм хуабжьу хуосакъ, ахэр ягъэукIытэркъым. Абыхэм я Iэхэр яубыдыркъым, нэкIэ зэрощIэ. Щауэм и хъыджэбзыр къыдихьэхын папщIэ, и зэфIэкI къигъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, шы тесынкIэ, нэщанэ еуэнкIэ, бэнэнкIэ, нэгъуэщIхэмкIэ адрейхэм закъыхигъэщын хуейщ.

ФЕСТИВАЛЫМ ПАШЭ ЩОХЪУ

Бахъсэн район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр щытекIуащ Адыгэ республикэм щекIуэкIа «Возвращение к истокам – путь к возрождению» фестиваль-зэпеуэм. Ар къызэрагъэпэщат Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ     ЦIыхубэ щэнхабзэмкIэ центрымрэ, Адыгейм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.

ЯПЭУ КЪЕЖЬА IЭЩЭ ЛIЭУЖЬЫГЪУЭХЭР

Нартыр гъуэгу техьэн, зекIуэ ежьэн и пэ Iэщэ-фащэкIэ зызэщIеузадэ - зекIуэ ежьа нартым нэхъыбэрэ дэплъагъур шабзэрэ джатэрэщ; бжы е бжыщхьэ дыкъуакъуи зэрехьэ нартым. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ шабзэри, джатэри, бжыри япэ дыдэ къежьа Iэщэхэм зэращыщым.

ХУЭБГЪЭФАЩЭКIЭ ЗЭФIЭКIКЪЫМ Главные вкладки

Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьыр, метр 2888-рэ зи лъагагъыр.

ЖЭУАПЛЫНЫГЪЭР ЗЫХИЩIЭУ

Налшык къалэ дэт поликлиникэ №3-м и дохутыр нэхъыщхьэ Дол Маринэ и гъащIэр тыхь хуищIащ цIыхум и узыншагъэр хъумэным. Зыпэрыт IэнатIэм щихь жэуаплыныгъэр нэсу зыхищIэрэ адэкIи зэрыригъэфIэкIуэным хущIэкъуу ирехьэкI абы и лэжьыгъэр. И Iуэху бгъэдыхьэкIэм щыгъуазэ ухуэхъуамэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым а бзылъхугъэм и IэщIагъэр фIыуэ зэрилъагъум.

ПСЕЙХЭР ЩХЬЭХУЭУ ЗЭЩIАКЪУЭЖ

ИлъэсыщIэм къагъэсэбэпа псейхэр зэщIэкъуэжыным теухуа Iуэху щхьэпэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм. Ар зэщIыгъуу къызэрагъэпэщат Налшык къалэ администрацэм, «Экологистикэ»-м, къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформэ» IуэхущIапIэмрэ «Зеленый дозор» экологие зэщIэхъееныгъэмрэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке