Статьи на кабардинском языке

КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭМ КЪЫЩЫХЭЖАНЫКIАХЭР ЕКАТЕРИНБУРГ МАКIУЭ

Ставрополь къалэм ще­кIуэ­кIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIат зи ныбжьыр илъэс ­23-рэ иримыкъуа щIалэрэ хъы­­джэбзу 240-м щIигъу.

ЛЪЭХЪЭНЭ ГУАЩIЭМ ИЖЬ ЗЫЩIИХУА

Къалэ теплъэ зиIэ хъуа къуажэ кIыхьышхуэу ПсебайкIэ зэджэр Краснодар крайм ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и Мостовской районым итщ. ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, къызытехъукIар адыгэбзэм хэт «псы», «бэ» псалъэхэрщ, къызэрыбгурыIуэ хъунури «псы куэду здэщыIэ лъахэ» жыхуиIэущ.

ШУ ЛЪАГЪУЭРИ ГЪУЩI ГЪУЭГУРИ

УФ-м и Къэрал Думэм иджыблагъэ урысыбзэм теухуауэ хабзэщIэ къищтащ. ДяпэкIэ хамэбзэм къыхэкIа терминхэу урысыбзэм мыхьэнэгъу щызиIэхэр къагъэщхьэпэу ядэжынукъым.

МАЗАЕМ И 23-Р ХЭКУМ И ХЪУМАКIУЭХЭМ Я МАХУЭЩ

«Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэр» илъэс къэс мазаем и 23-м щагъэлъапIэ Урысейм, Белоруссием, Таджикистаным, Къыргъызым. Махуэшхуэр РСФСР-м и ВЦИК-м и Президиумым 1922 гъэм щIышылэм и 27-м иубзыхуауэ щытащ, Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс еплIанэ щрикъум ирихьэлIэу.

ЗэгурыIуэныгъэм, гуапагъэм, хабзэхэм яхуэгъэзауэ

КъБР-м и Правительст­-вэм къыщызэщIакъуэжащ республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм 2022 гъэм зэфIигъэкIар. Абы хэтащ КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хъубий Марат, ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий, министерствэм и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIы­кIуэхэр.

Япэу Налшык щагъэлъагъуэ

Мэстафэ Тинэ и «Тембот» фильмыр Налшык и «Дея» киногъэлъэгъуа­пIэм япэу утыку къыщрахьащ. Ар гъэмахуэ кIуам щIэ­упщIэшхуэ иIэу Ивановэ щагъэлъэ­гъуащ Тар­ковс­кий Андрей и цIэр зезыхьэ «Зеркало» дунейпсо фестивалымрэ Вологдэ щекIуэкIа Voices кинофестивалымрэ. Санкт-Петербург дэсхэр ­абы ­щеп­лъащ «Аврора» кино­театрым. Иджы лэжьыгъэр къэралым и къалэ куэдым  я кинотеатрхэм щагъэлъа­гъуэ.

Дохутыр IэщIагъэм драгъэхьэх

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и ­министр Къалэбатэ Рустам яхуэзащ Налшык къалэ дэт лицей №2-м медицинэ унэтIыныгъэ иIэу къыщызэрагъэпэща классхэм щIэс еджакIуэхэм.

КАВКАЗЫР ТЕНДЖЫЗ ЛЪАБЖЬЭУ ЩЫТАЩ

Курыт еджапIэ щIэс дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми къыбжиIэнущ ЩIым тенджызиплI зэриIэр. Кавказым ахэр фIыуэ пэжыжьэщ. Ауэ куэдым ящIэркъым Кавказыр езыр пасэрей зэман жыжьэм тенджыз лъабжьэу зэрыщытар.

ЛЪЭПКЪЫУ ЗЫПЛЪАГЪУЖМЭ, КЪЭКIУЭН УИIЭЩ

«Си уэрэдыр чуваш лъэпкъым къыхузош…» – аращ иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу щыIэ ЩэнхабзэмкIэ фондым щекIуэкIа литературэ пшыхьым зэреджэр. Ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъитIым къахэкIа ныбжьыщIэхэр зыхэта а Iуэхугъуэ дахэр жылагъуэхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и щапхъэ дахэт, гугъапIэхэм я шэсыпIэт.

ЩIАЛЭГЪУАЛЭР ФIЫМ ХУАУЩИЙ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт Iуэху щхьэпэр. Налшык къалэм и школакIуэ 5000-м щIигъурэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ хэтащ абы. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке