Статьи на кабардинском языке

ЕГЪЭДЖАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭХЭМРЭ Я ИЛЪЭСЫМ ПОЖЬЭ

НыбжьыщIэхэм я республикэ библиотекэ Мечиев Кязым и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ усэ къеджэнымкIэ «Сегодня славим мы учителей» зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я илъэсым и щIыхькIэ.

ХЫ IУФЭ ЩIЫПIЭЦIЭХЭР

ТхьэщIагъщIыгу – ХъупIэжьий - Геленджик
Натхъуэдж адыгэхэм къызэраупсэлъу, ТхьэчIэгъчIыгу (Тхачехочук) зи фIэщыгъэ бгыр хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Геленджик къалэм и Iэхэлъахэм щыIэщ. Жанхъуэт (Джанхот) псым и ныджащхьэхэм къащхьэщытщ. «Михайловский Перевал» зыфIаща урыс къуажэ цIыкIур адрей и лъэныкъуэмкIэ къыщысщ. 

ФРАНКЕНШТЕЙН

Инджылыз тхакIуэ Шелли Мэри итха «Франкенштейн, или Современный Прометей» романыр 1818 гъэм къыдэкIауэ щытащ. Тхылъыр итхыным пэщIэдзэ хуэхъуащ нэмыцэ быдапIэм теухуа хъыбархэр. И лIыхъужь нэхъыщхьэми а быдапIэм и цIэр иритыжащ. Шелли Мэри и фIыгъэкIэ дуней псом къыщацIыхуа быдапIэр Германием, Дармштадт къалэм, щыIэщ, Оденвальд-кIэ зэджэ бгыхэм и зы щхьэщыгум тетщ.

УИ БЗЭР, БЗУУЭ, ПIЭЩIЭКIАМЭ, КIЭЛЪЫЛЪАТИ, КЪЭПХЪУЭТЭЖ

Анэдэлъхубзэр, зэрытщIэщи, цIыхум зезыгъэужь Iэмал ­къудейкъым, ар лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ, и хабзэрэ щэнхабзэрэ зыхъумэ къулеигъэщ. ООН-м къызэритымкIэ, ­дуней псом бзэуэ мини 7-м нэблагъэ тетщ, абы щыщу мини 2,5-м кIуэдыжынкIэ шынагъуэ ящхьэщытщ. Къэбгъэлъа­гъуэмэ, тхьэмахуитI къэс зы бзэ токIуэдыкIыж, ар щы­щы­мыIэжым - лъэпкъри хошыпсыхьыж.

ЛIЫГЪЭМ ЩIАПIЫКI

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэм «лIыгъэм и дерс» щрагъэкIуэкIащ ХьэтIохъущыкъуей дэт, Дыкъынэ З. Хь. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №1-м. Ар хуэгъэпсат я дзэ къулыкъур нэгъуэщI къэралым щрахьэкIыу хэкIуэда ди хэкуэгъухэм я фэеплъ махуэм.

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ГЪУЭГУМ ТЕТУ

КъБР-м и Iэтащхьэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и къулыкъу­щIэхэм яIущIащ. Зэхуэсым кърихьэлIахэр теп­сэлъыхьащ щIыпIэм зэрызиужьым, къапэщылъ къалэнхэр зэрагъэзэщIэну Iэмалхэм. 

Я ФЭЕПЛЪЫР ЛIЭЩIЫГЪУЭХЭМ ЯХЪУМЭ

Зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и гуа-щIэ хэмылъу. Бийр Хэкум къы­щытезэрыгуэм абы и цIыху­хэр зылI и быну зэ­къуэувэри, лейзехьэхэм ­псэ­е­мыблэжу япэщIэтащ. Щхьэ­хуит гъащIэм, мамыр псэу­­кIэм, щIэблэм я къэкIуэну дахэм папщIэ я псэр ятащ цIыху мелуан бжыгъэхэм. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд тхыдэм.

ХЭКУМ ПАПЩIЭ ЗИ ПСЭР ЗЫТАХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦИК-м 1924 гъэм фокIадэм и 10-м къыдигъэ­кIа унафэм ипкъ иткIэ, Джэрмэншык къуажэр 1926 гъэм и гъатхэм «ТIыуа­щIэкIэ» зэджэ щIыпIэм жылэу щытIысащ.

КОЛИЗЕЙ

Италием и Колизей амфитеатрыр дуней псом и архитектурэ фэеплъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Илъэс минитIым щIигъуауэ а тхыдэ фэеплъыр цIыху мелуанхэм я кIуапIэщ. КъыжыIапхъэщ, Налшык къалэм а фэеплъым и фIэщыгъэрэ теплъэмрэ зиIэ шхапIэ зэрыщыIэр.

БЗЫЛЪХУГЪЭХЭРИ ХЭТАЩ А ЗАУЭМ!

Европей зыплъыхьакIуэхэм зэратхыжамкIэ, адыгэ пщащэхэри зауэ губгъуэм иту щытащ, цIыхухъухэм ящIыгъуу биидзэм пэщIэту.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке