Статьи на кабардинском языке

УИ БЗЭР, БЗУУЭ, ПIЭЩIЭКIАМЭ, КIЭЛЪЫЛЪАТИ, КЪЭПХЪУЭТЭЖ

Анэдэлъхубзэр, зэрытщIэщи, цIыхум зезыгъэужь Iэмал ­къудейкъым, ар лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ, и хабзэрэ щэнхабзэрэ зыхъумэ къулеигъэщ. ООН-м къызэритымкIэ, ­дуней псом бзэуэ мини 7-м нэблагъэ тетщ, абы щыщу мини 2,5-м кIуэдыжынкIэ шынагъуэ ящхьэщытщ. Къэбгъэлъа­гъуэмэ, тхьэмахуитI къэс зы бзэ токIуэдыкIыж, ар щы­щы­мыIэжым - лъэпкъри хошыпсыхьыж.

ЛIЫГЪЭМ ЩIАПIЫКI

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэм «лIыгъэм и дерс» щрагъэкIуэкIащ ХьэтIохъущыкъуей дэт, Дыкъынэ З. Хь. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №1-м. Ар хуэгъэпсат я дзэ къулыкъур нэгъуэщI къэралым щрахьэкIыу хэкIуэда ди хэкуэгъухэм я фэеплъ махуэм.

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ГЪУЭГУМ ТЕТУ

КъБР-м и Iэтащхьэр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и къулыкъу­щIэхэм яIущIащ. Зэхуэсым кърихьэлIахэр теп­сэлъыхьащ щIыпIэм зэрызиужьым, къапэщылъ къалэнхэр зэрагъэзэщIэну Iэмалхэм. 

Я ФЭЕПЛЪЫР ЛIЭЩIЫГЪУЭХЭМ ЯХЪУМЭ

Зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и гуа-щIэ хэмылъу. Бийр Хэкум къы­щытезэрыгуэм абы и цIыху­хэр зылI и быну зэ­къуэувэри, лейзехьэхэм ­псэ­е­мыблэжу япэщIэтащ. Щхьэ­хуит гъащIэм, мамыр псэу­­кIэм, щIэблэм я къэкIуэну дахэм папщIэ я псэр ятащ цIыху мелуан бжыгъэхэм. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд тхыдэм.

ХЭКУМ ПАПЩIЭ ЗИ ПСЭР ЗЫТАХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦИК-м 1924 гъэм фокIадэм и 10-м къыдигъэ­кIа унафэм ипкъ иткIэ, Джэрмэншык къуажэр 1926 гъэм и гъатхэм «ТIыуа­щIэкIэ» зэджэ щIыпIэм жылэу щытIысащ.

КОЛИЗЕЙ

Италием и Колизей амфитеатрыр дуней псом и архитектурэ фэеплъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Илъэс минитIым щIигъуауэ а тхыдэ фэеплъыр цIыху мелуанхэм я кIуапIэщ. КъыжыIапхъэщ, Налшык къалэм а фэеплъым и фIэщыгъэрэ теплъэмрэ зиIэ шхапIэ зэрыщыIэр.

БЗЫЛЪХУГЪЭХЭРИ ХЭТАЩ А ЗАУЭМ!

Европей зыплъыхьакIуэхэм зэратхыжамкIэ, адыгэ пщащэхэри зауэ губгъуэм иту щытащ, цIыхухъухэм ящIыгъуу биидзэм пэщIэту.

ВАГЪУЭМИ ЩIЭНЫГЪЭ ГЪУЭГУМИ Я ЦIЭХЭР Я ГЪУАЗЭУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэмрэ «Сириус» егъэджэныгъэ центрым къэрал къулыкъущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэмрэ я зэIущIэ иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщызыужьын хуей Iуэхугъуэхэм, абыхэм я къызэгъэпэщыкIэ хъунум, лъэныкъуитIыр зэрызэдэлэжьэнум теухуат зэхуэсым къыщаIэта псалъэмакъыр.

ХЪУЭПСЫ - КХЪУЭПСЫ - ХЪУЭБЗЫ - ХОБЗА

Мы цIэр зезыхьэ псыр хы ФIыцIэм щыхэхуэжыр Сочэ къалэ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 19-кIэ пыIухащ. Абдежым щыIэ зыгъэпсэхупIэми апхуэдэущ зэреджэр.

Километр 14 зи кIыхьагъ псым фIащам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу нэхъ трагъакIуэр ар убыхыбзэм къызэрытехъукIарщ.

КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭМ КЪЫЩЫХЭЖАНЫКIАХЭР ЕКАТЕРИНБУРГ МАКIУЭ

Ставрополь къалэм ще­кIуэ­кIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIат зи ныбжьыр илъэс ­23-рэ иримыкъуа щIалэрэ хъы­­джэбзу 240-м щIигъу.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке