|
Статьи на кабардинском языке
12 марта, 2024 - 06:20
Балъкъэрхэм политикэ щхьэусыгъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ илъэс 80 зэрырикъуам ехьэлIа Iуэхугъуэхэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
12 марта, 2024 - 06:17
КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа зэIущIэ гуапэ.
12 марта, 2024 - 06:16
КъБР-м и Парламентым и Президиумым хэхыпIэ участкэ №130-м, Налшык къалэм и «Лицей №2» муниципальнэ къэрал еджапIэ IуэхущIапIэм щыIэм, щригъэкIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм зэрыщыдагъэкIынум.
12 марта, 2024 - 06:13
Налшык и гъущI гъуэгу станцым деж гъатхэпэм и 9-м къыщрагъэблэгъащ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и мафIэгур.
12 марта, 2024 - 06:11
КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ дыщэкI, IэпщIэлъапщIэ Габоев Мусэбийрэ пасэрей упщIэ алэрыбгъухэр зэхуэзыхьэсыж Локьяев Рашитрэ я гъэлъэгъуэныгъэ.
11 марта, 2024 - 09:26
Ставрополь крайм киокусинкаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ а щIыналъэм и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм ягъусэу абы щызэпеуащ Астрахань областым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным я спортсмену 200-м нэблагъэ.
11 марта, 2024 - 09:26
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иджыблагъэ хэтащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэ хэхам. Абы щыхэплъэжащ «Къэралым исхэр хъумэн, цIыхухэм я узыншагъэмрэ псэукIэмрэ егъэфIэкIуэн» къэрал проектыр зэрагъэзэщIам кърикIуахэм, зэлэжьыпхъэхэм, апхуэдэуи абы щаубзыхуащ 2030 гъэ пщIондэ къапэщылъ къалэнхэр.
11 марта, 2024 - 06:34
Тхьэм къыхуигъэфэща насыпым лъэIэсыныр гуращэу зыхуэзыгъэувыж, абы ерыщу хуэкIуэныр пщэрылъ зыщызыщIыж цIыхур тIуащIэу насыпыфIэщ.
11 марта, 2024 - 06:33
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Май щIыналъэм щыIащ. Абы зригъэлъэгъуащ Май къалэм ущыкIуэкIэ метр 90 и кIыхьагъыу Шэрэдж телъ лъэмыжыр зэрызэрагъэпэщыжыр. А лэжьыгъэр «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хэту зыхуей хуагъэзэжу аращ. Нэгъабэ фокIадэм щIадзауэ мы гъэмахуэм яухыну хуагъэфащэ.
10 марта, 2024 - 09:35
Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, уней IуэхущIэхэм, фермерхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу нэгъабэ кърахьэлIэжащ тонн мин 785,9-рэ икIи ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм елъытауэ.
Страницы
|