Статьи на кабардинском языке

ЛЭЖЬЫГЪЭМ КЪРИКIУЭР НЭРЫЛЪАГЪУУ

Туризм IэнатIэм пыщIауэ лажьэ IуэхущIапIэу зы илъэсым къриубыдэу сом мелуани 180 нэхърэ мынэхъ мащIэ хэхъуэу зиIэхэм «Лэжьыгъэм кърикIуэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр дяпэкIэ иратынущ. Апхуэдэ унафэм иджыблагъэ Iэ щIидзащ лъэпкъ пэхуэщIэм и унэтIакIуэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Белоусов Андрей. 

МИНГИ ТАУДА ЖОЛОУЧУЛУКЪНУ АЛ АТЛАМЛАРЫ

Къабарты-Малкъарны табийгъаты, хауасы, болмагъанча аллай тамашалы тау тийрелери - аны эм уллу байлыгъыды. Ала, тарых эмда маданият жаны бла туризм хазнала ючюн бери кёпле тартынадыла, сюйюп келедиле, солуйдула. Эм белгили - Минги тауду. Дагъыда Чегем чучхурланы, Чирик кёллени, башха ариу жерлерибизни да сагъыныргъа тийишлиди.

УНАГЪУЭР НАСЫПЫФIЭ ЗЫЩIЫР

2024 гъэр унагъуэм, абы къыдекIуэкI лъапIэныгъэхэр хъумэным я илъэсщ. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм мы илъэсыр зэрагъэлъэпIэну выставкэхэр, зэIущIэхэр, зэпеуэхэр яубзыхуащ. Абыхэм язщ иджыблагъэ абы къыщызэрагъэпэща «Институт семьи: традиции и семейные ценности» зэхыхьэ щхьэпэр. Абы ирагъэблэгъащ къэрал, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.

КЪАНЖАЛ ЗАУЭМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭР

Тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр къыщыгъэлъэгъуэжа дэфтэрхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIи адыгэхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIи, ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ псышхуэм щхьэщылъагыкI Къанжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм 1708 гъэм зауэзэрылI шынагъуэ щекIуэкIащ. 

ЛЭСКЭН ЩIЫНАЛЪЭР НЭХЪРИ ЯГЪЭДАХЭ

«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу республикэм и Лэскэн щIыналъэм иужьрей илъэсихым зэIузэпэщ щащIащ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 8-рэ цIыху зэхуэсыпIэ зэхуэмыдэу 16-рэ. Абы хохьэ къуажиблым я утыкушхуэу 9, къалэ жыг хадэ цIыкIуу 4, зы лъэс лъагъуэ, цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэм къедзылIа щIыпIэу 2.

Урысейм Кърымыр къызэрыхыхьэжар ягъэлъапIэ

КъБР-м и Макъамэ теат­рым дыгъуасэ щекIуэкIащ «10 лет - Крымская весна» махуэшхуэ концертыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм Кърым Республикэр къызэ­рыхыхьэжрэ илъэсипщI зэ­рырикъум и щIыхькIэ. 

Къуршхэр зи кIуапIэ

Мы тхыгъэр зытеухуар УФ-м и альпинистхэм я зэгу­хьэныгъэм хэт, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа альпинист лъэщ Пекъу ­Али­нэщ. УмыгъэщIэгъуэн плъэ­­кIыркъым а хъыджэбз IэмащIэлъэмащIэ цIыкIум дуней псом щынэхъ лъагэу къалъытэ къурш 14-м щыщу 11-м пIалъэ кIэщIым ­къриубыдэу дэкIыу абы я щыгум адыгэ ныпыр щиIэ­тын зэрыхузэфIэкIар.

Юлие и сэхуран гъэгъахэр

ЦIыхур зэса мардэхэр псын­щIэрыщIэу гъащIэм ехъуэж, нэр зыхьэхуа ­тво­р­чес­кэ IэдакъэщIэкIхэм уатет­хы­хьын къудейр къы­зэ­рыгуэкI еплъыкIэхэм ­къи­гъэтIэсэгъуейуэ.

КУШЫКРЭ МЭТРЭ Я ЖЭУАП

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алий адыгэм и щэнхабзэр, и тхыдэр хъумэным ехьэлIауэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» жыхуиIэу 2014 гъэм дунейм къытригъэхьари. 

КЪУАЖЭ УЭРАМХЭР ЗЫХУЕЙ ХУАГЪАЗЭ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Ар хагъэхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке