|
|
Статьи на кабардинском языке
31 мая, 2026 - 06:03
Модельер-дэрбзэр Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым щагъэлъагъуэ Сирием къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ ЮНЕСКО-м гъуазджэхэмкIэ и дунейпсо ассоциацэмрэ хэт дыщэкI Соснакъ Мухьэмэд и лэжьыгъэхэр.
30 мая, 2026 - 11:30
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэм и ветеранхэу Мэшыкъуэ Хьэчим, Шаваев Виталий, Шэт Ларисэ, Ныр Анзор сымэ щыIащ езыхэр щеджа школхэу Лэскэн районым и Аргудан, Бахъсэн районым и Куба, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэхэм, Шэджэм къалэм, Прохладнэ районым щыIэхэм.
30 мая, 2026 - 09:35
Адыгэхэр адыгэбзэкIэ щызэпсалъэ, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр къыщаIэт, гъащIэм къигъэув упщIэхэм щыпэджэж «Псалъэ» клубыр къызэрагъэпэщащ лъэпкъым и гурыгъузхэр зыхэзыщIэ, бзэм и лъахэр жьэгу зыхуэхъу, адыгэ дунейр къызыгурыIуэ гупым. Тхьэмахуэ къэс ахэр щызэхуос Налшык, анэдэлъхубзэкIэ топсэлъыхь Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм.
30 мая, 2026 - 06:03
Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Урысей Федерацэм и мэкъумэшыщIэхэм худэчых зыхэт кредит Iэмалхэр къагъэсэбэпу зэрылэжьэн техникэрэ оборудованэу мини 3-м щIигъу къащэхуащ. УФ-м и Правительствэм а Iуэхугъуэхэм хуэгъэпсауэ мы гъэм къиутIыпща ахъшэр сом мелард 15-м нигъэсащ.
29 мая, 2026 - 06:03
КъБР-м и Лъэпкъ къэрал библиотекэм щагъэлъэпIащ Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Лъэпкъ библиотекэр и дэIэпыкъуэгъуу.
29 мая, 2026 - 06:03
Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ гъэлъэгъуэныгъэ щокIуэкI Налшык дэт «Сигу ирохь» студием. Абы утыку къыщрахьащ Новгород Ищхъэрэм щыщ режиссёр, сурэтыщI ныбжьыщIэ Алексеевэ Марие и лэжьыгъэхэр.
29 мая, 2026 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Урысей ФСИН-м и управленэмрэ КъБР-м и Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэмрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ.
28 мая, 2026 - 06:30
КъБР-м и Парламентым къыщызэщIакъуэжащ «Си хабзэубзыху жэрдэм» XXI зэпеуэм кърикIуахэр. Зэрыхабзэу, абы хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и егъэджэныгъэ, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я щIалэгъуалэр.
28 мая, 2026 - 06:27
Кавказым щыпсэухэм, псом хуэмыдэу адыгэхэм, я дежкIэ унагъуэр лъапIэщ. Аращ къыщежьэр адэ-анэм, нэхъыжьым, Хэкум хуащI пщIэмрэ лъагъуныгъэмрэ. Жылагъуэри быдэ зыщIыр унагъуэм илъ зэхущытыкIэфIхэмрэ лъэпкъ хабзэхэр абдеж зэрыщахъумэмрэщ. Аращ ди адэжьхэм ягъэлъапIэу щытахэр къэгъэщIэрэщIэжыным нобэ иужь щIитыр.
28 мая, 2026 - 06:26
«СВОй путь» урысейпсо проектым хыхьэу иджыблагъэ зэIущIэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. «Зэхуэдэхэм я зэпсэлъэныгъэм» хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутат, КъБКъУ-м Граждан-хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ и центрым и унафэщI, дзэ Iуэху хэхам и ветеран Шевчук Герман.
Страницы
|