Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ. Къудей Фаридэ къызэригъэпэщауэ гъэ къэс иригъэкIуэкI «Гуртуевские чтения» Iуэху дахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ.