ДУМЭН АКИЛЭ И АДЫГЭПСЭР

Адэжь щIыналъэм и гуапагъэр, анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр, адыгагъэм и купщIэр, хабзэм и дахагъэр гурэ псэкIэ зыхэзыщIэ бзылъхугъэщ Тыркум Истамбыл щылажьэ Адыгэ Хасэм хэт Думэн Акилэ. 
Илъэси 150-рэ хъуауэ Тыркум ис адыгэхэм къащIэхъуа бзылъхугъэ щыпкъэм зэрыцIыкIурэ и гур хэкумкIэ щыIэу мэпсэу. Адэшхуэ-анэшхуэм жаIэжу зэхиха хъыбархэмрэ абыхэм яIурылъа бзэмрэщ хъыджэбз цIыкIур «адыгэ зыщIар», адэгу иIэу къэзыгъэтэджар. И адэшхуэхэр хэкужьым зэрырахуам щытепсэлъыхькIэ, бэлыхьу яшэчар и нэгу къыщIоувэ, ахэр хэкумкIэ къэхъуапсэу зэрыпсэуам и гур хегъэщI Акилэ. 
«Узун-Яйла щIыпIэм адыгэхэм псэупIэ щIащIари хэкум нэхъ ирагъэщхьти арат, щхъуантIагъэ гуэрхэр щыIэт. Ауэ пэжым ухуеймэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Налшык хуэдэ гъуэтыгъуейщ. Сэ къэрал куэдым сыщыIащ, щIыпIэ куэдым зыщысплъыхьащ, ауэ мыбы хуэдэу си гур щыпсэхурэ сфIэдахэрэ слъэгъуакъым. Хэкум щыпсэу си ныбжьэгъухэм къыщызжаIэ щыIэщ: «Акилэ, гъэм и зэманхэм я нэхъ дахэм - гъэмахуэм е жыгхэр къыщыгъагъэ гъатхэм зрибгъэхьэлIэу укъакIуэркъым, щIымахуэм, бжьыхьэ щIыIэм укъытохуэ». Абыхэм къагурыIуэркъым я нэхъ пшагъуэми, я нэхъ уэтIпсытIми си хэкужь зэрысфIэдахэр, ар дунейм фIыгъуэу тетым ящыщ зыуэ къызэрыслъытэр», - пещэ Акилэ. 
Бзылъхугъэ гуакIуэр хэкум къыпызыщIэр абы хуиIэ лъагъуныгъэм и закъуэкъым, атIэ и лъэпкъэгъухэр - Думэнхэ - зригъэцIыхуауэ абыхэм якIэлъокIуэ, ныбжьэгъу куэд щиIэщ, адыгэ Iуэху щызэрехуэ, и щхьэгъусэ Iэдэмей Хьикмэти Налшык хьэрычэтыщIэ Iуэху щиIэщи, лэжьыгъэм Налшык куэдрэ къешэж. 
Хэкупсэ нэсу щыIэ бзылъхугъэ закъуэтIакъуэм языхэзщ Акилэ. Ар ауэ сытми лъахэм къакIуэ-кIуэж къудейкъым, атIэ сыт щыгъуи IуэхугъуэщIэхэр къегупсыс, адыгэм и Iуэхур зэригъэкIуэтэнрэ бзэр хъума зэрыхъунымрэ пылъщ. Абы и гуащIэ къыщIэкIахэм ящыщщ сурэтыщI Щэмей Руслан и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ Налшык къыщызэригъэпэщауэ зэрыщытар. КъищынэмыщIауэ, Акилэ и жэрдэмкIэ, и шыпхъум ипхъу сурэттех Хьэрэтокъуэ Сэрынэ къишэри, Налшык и дахагъыр, щIыуэпсым и беягъыр, и цIыхухэр къызэрыщ сурэт дахэхэр трихауэ щытащ. Истамбыл щагъэлъэгъуащ ахэр. Мыхьэнэшхуэ иIэт а гъэлъэгъуэныгъэм, сыту жыпIэмэ, адэжь лъахэм хуэзэшахэмрэ ар зэи зымылъэгъуа ди лъэпкъэгъухэмрэ я дежкIэ уасэншэт, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым и хъыбар зэхэзымыхыхха, ди лъэпкъэгъухэм я ныбжьэгъу тыркухэм яфIэтелъыджэт. 
Сыт щыгъуи щIэ гуэр къэзыгупсыс, Iуэхуншэу щымыс Акилэ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум, абы и цIэкIэ зэпеуэ иригъэкIуэкIат. Абы хэтащ класс нэхъыжьхэм, курыт IэщIагъэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэсхэр, IэнатIэ пэрыт щIалэгъуалэр. 
- Бзэр ныбжьыщIэхэм яIэщIэмыгъэхунырщ, адыгэ литературэм хъугъуэфIыгъуэ мылъытэу иIэ тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа IутIыж Борис и цIэр адыгэм ящымыгъэгъупщэнырщ а Iуэхум иужь сыщIихьар, - жиIащ Акилэ. 
Тыркум щыпсэу адыгэхэм я тхыдэр ящIэжынымкIэ, хабзэр зэрахьэнымкIэ, бзэр яIэщIэмыхунымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыгъэкI Хасэхэми щылэжьащ Акилэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэм къахэкIа адыгэ щIалэгъуалэр хамэ къэралхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIхэм щегъэджэным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкI, мылъкукIэ защIэзыгъакъуэ Фондым щылэжьащ. Иджы Шурдым Гюнсел зи гуащэ Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм Iуэху хъарзынэхэр щызэфIегъэкI. Зи школ кIуэгъуэ мыхъуа ныбжьыщIэхэр адыгэбзэм, франджыбзэм, инджылызыбзэм щыхурагъаджэ «Сэтэней» зи фIэщыгъэцIэ гъэсапIэ къызэIуахауэ, я анэдэлъхубзэр япэ ирагъэщу сабийхэр къызэрагъэтэджыным иужь итщ. 
- Бзэм нэхъапэ зыри щыIэкъым, - къыддогуашэ Акилэ, - бзэр кIуэдмэ лъэпкъри щыIэжынукъым. Абы бзылъхугъэхэр, анэхэр хуэмысакъмэ, дауэ зехьа зэрыхъунур? Абы ипкъ иткIэ, ди Хасэм, Гюнсел ди нэхъыжьу лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI. ИкIи Iуэхум нэхъыфI куэд къыпэкIуэну къэтлъытащ нэхъ цIыкIу дыдэхэм я деж къыщыщIэддзэмэ. 
КъищынэмыщIауэ, къыхэзгъэщыну сыхуейт дэ ди ныбжьэгъу, абхъаз бзылъхугъэ Тумэ Махьинур и жэрдэмкIэ адыгэ пасэрей пшынэжьхэр зэхуэтхьэсыжу абы къафэхэр къидгъэкIыу зэрызедгъэсар. Бзылъхугъэ гуп дыхъуу, адыгэ фащэхэр тщыгъыу концерт цIыкIуи едгъэкIуэкIащ. Иджы бзылъхугъэ нэхъ щIалэхэр зэхуэтшэсауэ догъасэ.
ФIы зигу илъыр фIы хуозэ сыт щыгъуи. Думэн Акилэрэ абы и щхьэгъусэ Iэдэмей Хьикмэтрэ псапэ щIэным, къалэжь мылъкум щыщ Iыхьэ адыгэ Iуэхум хэлъхьэным иужь иту мэпсэури, Тхьэм хущIигъэхьэ. 
 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)