КIУЭКIУЭ КАЗБЕК ЛЭЖЬЫГЪЭ IУЭХУКIЭ IУЩIАЩ МАТВИЕНКЭ ВАЛЕНТИНЭ

Москва щызэхэтащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэрэ я зэIущIэ.

Республикэм и унафэ­щIымрэ ФедерацэмкIэ Советым и спикерымрэ тепсэ­лъыхьащ щIыналъэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэси 100 зэрыри­къур гъэлъэпIэным зэрызы­хуагъэхьэзырым, щIыналъэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ и Iуэху зыIутхэм, апхуэдэуи промышленнэ, социальнэ IуэхущIапIэхэр ухуэным, зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ зэфIагъэкIхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­Iэ эпидемиологие щыты­кIэм и гугъу щащIым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ ар нэхъ зэпIэзэрыт зэрыхъужар, узы­фэр зэуэлIахэмрэ сымаджэщхэм ягъэгъуэлъын хуей хъуахэмрэ я бжыгъэр иужь­рей тхьэмахуэ зэхуакуитIым зэрынэхъ мащIэр. «Дэ сымаджэщхэм гъуэлъыпIэ нэщIхэр щыдиIэщ. Узыфэм нэхъ зыщиубгъуауэ щыта лъэхъэ­нэхэми апхуэдэхэмкIэ дыбэ­лэрыгъакъым икIи гъуэлъы­пIэ нэщI ди куэдурэ де­кIуэ­кIащ. Нобэ узыр нэхъ кIащхъэ зэрыхъуар долъагъу», - жи­Iащ КIуэкIуэ Казбек.
Матвиенкэ Валентинэ щIэ­уп­щIащ вакцинэр цIыхухэм яхэлъхьэным теухуа лэжьыгъэр щIыналъэм зэрыще­кIуэкIым. Абы къыхигъэщащ узыфэм зэрызихъуэжыр, штаммыщIэ къызэрахутар икIи абы эпидемиологхэри узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм еIэзэ IэщIагъэлIхэри зэригъэгузавэр. КIуэкIуэ Казбек ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщIым жриIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр вакцинэ­хэмкIэ ирикъуу къызэрызэгъэпэщар, ахэр республикэм и поликлиникэхэм, къуажэ амбулаторэхэм зэрыIэрагъэхьэр. Псори зэхэту мастэ щыхаIу щIыпIэу 80 щыIэщ республикэм, хьэблэ-хьэб­лэурэ къакIухьурэ цIыхухэм гурагъаIуэ вакцинэр зыхрагъэлъхьэн щIыхуейр. Матвиенкэ Валентинэ къыхигъэщащ вакцинэр яхэлъхьэн лэжьыгъэр нэхъри зэрыщIэгъэхуэбжьапхъэр, сыту жы­пIэмэ къэралым эпидемиологие щытыкIэр щыщIагъуэкъым. «ХъыбарегъащIэ сетхэр нэхъ жыджэру къэ­­гъэ­­сэ-
бэпын хуейщ икIи мастэр зыхрамыгъэлъхьэным къы­хуезыджэхэу, абы щызыгъэшынэхэу я Iуэху еплъыкIэм цIыхухэр хагъэзыхьу тезышэну хущIэкъухэм япэщIэтын ­хуейщ. Дэ, къэрал къулыкъущIэхэм, узыфэм жэщ-махуэ ямыIэу гуащIэу щыпэщIэт сымаджэщхэм щылажьэ дохутырхэм тхуэдэу щабэукъым ахэр цIыхухэм зэрепсалъэр. Вакцинэр зэрыIэмалыншэр цIыхухэм зыхегъэщIэн хуейщ», - къыхигъэщхьэхукIащ Матвиенкэ Валентинэ. Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ цIыхухэм Iуэхум и щытыкIэр къагурыгъэIуэным хуэунэтIа лэжьыгъэр зэры­щIагъэхуэбжьэнур.
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ ФедерацэмкIэ Советым Республикэм и махуэхэр щегъэкIуэкIыным теухуа Iуэху­хэм, ахэр дызыхуэкIуэ илъэ­сым и мэлыжьыхь мазэм ­траухуащ. КIуэкIуэ Казбек ФедерацэмкIэ Советым и лIыкIуэхэр къригъэблэгъащ республикэм и илъэси 100-р щагъэлъапIэкIэ махуэшхуэм хэтыну.
Гулъытэшхуэ хуащIащ щIыналъэм и социально-экономикэ щытыкIэм. «Республикэм езым и хэхъуэхэмкIи ­бюджет зэхуаку трансфертхэмкIи зэщIигъэуIуэхэр 2022 гъэм сом мелард 60 хъунущ. Апхуэдиз хэхъуэ республикэм зэи иIакъым», - къыхигъэ­щхьэхукIащ щIыналъэм и унафэщIым.
КIуэкIуэ Казбек Матвиенкэ Валентинэ фIыщIэ хуищIащ республикэм дежкIэ мыхьэ­нэшхуэ зиIэ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн зэрыхъуам папщIэ.
ФедерацэмкIэ Советым диIыгъащ вольфрамрэ молибденрэ къыщIэхыным ­теухуа лэжьыгъэр щIыналъэм щегъэжьэжыным теухуа проектыр. А Iуэхур 2019 гъэм и щIышылэми, 2020 гъэм и бадзэуэгъуэми ФедерацэмкIэ Советым къыщаIэтат республикэм къыбгъэ­дэкIыу абы хэт сенаторхэм. А псом кърикIуаращи, дызэрыт илъэсым и жэпуэгъуэ мазэм яужь ихьащ Iуащхьэмахуэ мывэ къыщIэхыпIэ комбинатым и ухуэныгъэм. ЩIыуэпс гъэтIылъыгъэхэр къыщIэ­хы­ныр 2023 гъэм щIадзэну я мурадщ.
Апхуэдэуи щIыналъэм къэ­рал бюджетым къыхэкIыу къыхуаутIыпщащ Театрхэм я уардэунэм и ухуэныгъэр и кIэм нагъэсыным трагъэ­кIуэдэну сом зы мелард. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ сенаторхэр хэту, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министр ­Любимовэ Ольги кърихьэлIэу а Iуэхум арэзы щытехъуащ ФедерацэмкIэ Советым и зыхуэфащэ комитетым и зэIущIэм. 2024 гъэм унэр ухуэныр яухынущ. КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, абы хэтынущ ЩIалэгъуалэ зэчиифIэхэм я уардэунэри, Темыркъан ­Б. ­Хь. и цIэр зезыхьэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал филармониери.
ЕджакIуэхэм щIэныгъэ куу ягъуэтыныр, ахэр щеджэ Iуэху­щIапIэхэр зыхуей-зы­хуэфI­хэмкIэ къызэгъэпэ­щы­ныр Къэбэрдей-Балъкъэрым и социальнэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Дызэрыт илъэсым и фокIадэм щIыналъэм къы­щызэIуахащ курыт еджапIищ, псоми зэхэту цIыху 1785-рэ щIэхуэу. ДызыхуэкIуэ илъэсым щIадзэнущ ныбжьыщIэ мини 4,5-м ятещIыхьа школиблым я ухуэныгъэхэр. Къуажэ еджапIэхэр зэрагъэпэщыжынущ, апхуэ­дэ лэжьыгъэхэр ещIылIэным хуэныкъуэу курыт еджапIэ 75-рэ щыIэщ. Урысейм и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ зэхалъхьа, школхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэ­щыжыным теухуа къэрал программэм ипкъ иткIэ илъэситI гъунэгъум лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынухэм, ФедерацэмкIэ Советри къадэIэпыкъуу, хагъэхьэну я мурадщ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ 50.
КъимыдэкIэ, ФедерацэмкIэ Советыр арэзы техъуащ Налшык дэт езанэ поликлиникэм и унэщIэр, зы махуэм къриубыдэу цIыху 500-м я узыншагъэм кIэлъыплъыным хуэщIар, лышх узыфэр зыпкърытхэм щеIэзэну диспансерыр илъэситIым къриубыдэу ухуэным теухуа проектхэм.
ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэ Казбек Матвиенкэ Валентинэ фIыщIэ хуищIащ икIи къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советымрэ яку дэлъ зэпы­щIэныгъэхэм адэкIи зэрызаубгъунум шэч къызэрытримыхьэр.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.