КЪАЛАЩХЬЭМ И СПОРТСМЕНХЭР ХАГЪАЩIЭ«Олимп къуажэ-80»-м щекIуэкIащ Мэзкуу къалэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыщ спортсменхэри. Псори зэхэту ди щIалэхэм медаль зэмылIэужьыгъуи 8 чемпионатым къыщахьащ. ПэщIэдзэ зэIущIэхэр фIы дыдэу езыгъэкIуэкIа КъуийцIыкIу Ахьмэд килограмм 77-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я кIэух зэIущIэм 5:0-у щыхигъэщIащ мэкуудэс Агабекян Армен. Иджыри зы дыщэ медаль ди республикэм къыхуихьащ Тен Астемыр. Зи хьэлъагъыр килограмм 97-м нэблагъэхэм я гупым щригъэкIуэкIа зэIущIэхэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къыщызыхьа ди щIалэм кIэух зэпэщIэтыныгъэми 2:0-у ефIэкIащ Круглик Даниил. Килограмм 60-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Къэрэгъул Анзор финал зэIущIэм зымащIэкIэ къыщефIэкIащ Петросян Артур икIи чемпионатым и дыжьын медалыр къихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм домбеякъ медалхэр щызыIэрагъэхьащ Тау Алим (кг 60), Улаков Рустам (кг 63-рэ), Къер Азэмэт (кг 72-рэ), Псэун Станислав (кг 82-рэ), Шыбзыхъуэ Къантемыр (кг 97-рэ) сымэ. КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|