КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ ПСЫ ЗЫЩIАГЪЭХЬЭ И ЩIЫ IЫХЬЭХЭМ ГЕКТАР МИНИБГЪУ КЪЫХАГЪЭХЪУАЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъэгъазэм и 3-м хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Абрамченкэ Викторие видеоконференц мардэм тету иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Абы доклад щищIащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ - статс-секретарь Лебедев Иван. ЗэIущIэм хэтащ зытепсэлъыхьхэр зэхьэлIа IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, къэралым хыхьэ субъектхэм я Iэтащхьэхэр. Абы щызэпкърахащ мэкъумэш щIапIэхэм псы щIэгъэхьэным, гъавэ зытрасэ щIыхэм къахэгъэхъуэным хузэхалъхьа къэрал программэр гъэзэщIа зэрыхъур, а IэнатIэм теухуа законхэм я проектхэр.

Псы зыщIагъэхьэ щIыхэр нэхъыбэ щIыныр Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэшхэкIхэр къэлэжьыным епха и IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. «МэкъумэшхэкIхэр хамэ къэралхэм егъэшэн» къэрал проектымрэ «Урысейм и псыщIэгъэлъадэ IэнатIэм зегъэужьын» программэмрэ хыхьэу къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэрагъуэтам и фIыгъэкIэ илъэсищым къриубыдэу гектар мин 25-м щIигъу псы зыщIагъэлъадэхэм щыхагъэхьащ республикэм. Мы илъэсым а лэжьыгъэр гектар минибгъум щызэфIагъэкIащ. Псы зэрытраутхэ машинэ 82-рэ ягъэуващ, абыхэм псы щIагъэхьэф гектар мини 7,4-м. ТкIуэпс зырызурэ псы щIагъэхьэ хадэхэкI щащIэ гектар 700-м, илъэс куэдкIэ къэкI къэкIыгъэхэр щытращIэ гектар 1011-м. Гектар мини 2,5-м и кIэм щынагъэсащ псыщIэгъэлъадэ системэхэр гъэувыныр. Псори зэхэту мы зэманым республикэм зэуэ щIыпIэ куэд къызэщIэзыубыдэ псыутх машинэу 256-рэ иIэщ, абыхэм псы щIагъэхьэ гектар мин 24-м хуэдизым.

2021 гъэм щIыналъэм и гъавэ щIапIэхэм псы щIэгъэхьэным пыщIа лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным хухахауэ щытащ сом мелуан 615-рэ, абы щыщу сом мелуан 593-р къэрал бюджетым къыхэкIыу, сом мелуан 22-р республикэм ейм щыщу. А мылъкур хуаутIыпщащ мэкъумэшхэкIхэр къэлэжьыным пэрыт хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэ 80-м.

ПсыщIэгъэлъадэ IэнатIэм жыджэру зэрызиужьым и фIыгъэкIэ иужьрей илъэсым щIыналъэм хэпщIыкIыу щыхэхъуащ хадэхэкIыу кърахьэлIэр. ЗэкIэ къызэралъытамкIэ, гъавэу, джэшхэкIыу, хадэхэкIыу кIэртIофу, апхуэдэуи пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэхэкIыу республикэм къыщрахьэлIар илъэс кIуам яхузэфIэкIам нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.