ЯПЭ МАХУЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Екатеринбург къалэм щызэхэтащ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы и медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 65-м икIа, зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуа спортсмен 625-рэ.

Зэхьэзэхуэм и япэ махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм медалищ зыIэрагъэхьащ.  Зи хьэлъагъыр килограмм 81-м нэблагъэ Байсиев Таулан щыбэна гупым дыжьын медалыр къыщихьащ. Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Къуныжь Роланрэ (кг 81-м нэблагъэ) Мырзэбэч Ильясрэ (кг 90-м нэблагъэ).

Спортсменхэр ягъасэ Махуэ Олегрэ Джэданэ Залымрэ.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.