Зауэр щиухыр гъыбзэ щыхуамыусыжырщ

Адыгэ къуажэхэм дэлъ фIыгъуэ нэхъыщ­хьэхэм ящыщщ абы дэс нэхъыжьыфIхэр. Ахэр зыщIэс унэм къыщыхъу щIэблэр нэхъ лъэ быдэкIэ щыту къотэдж. Ахэращ уна­-гъуэм, лъэпкъым я унафэр зыIэщIэлъри, хэкIыпIэм я нэхъыфIымрэ пэжымрэ къэзы­гъуэтыфри. 

Тэрч щIыналъэм хыхьэ ХьэпцIей къуажэм щыщ гуэрым сытетхыхьыну (езыр дунейм ­ехыжат) а жылэм сыщыкIуэм, абы и ныбжьэ­гъуу, цIыхугъэу щытахэм сыхуагъэзэну мурад ящIащ. Япэу зи унэ срагъэблэгъари ГъукIэпщ Раещ. 
ЦIыху  щыIэкъэ, занщIэу уигу кIэрыпщIэу, ­моуэ узэрыIуплъэу хуабагъэ-гуапагъэ гуэ­-        рым узэщIишхэрэ зыщумыгъэнщIу убгъэдэсу? Рае апхуэдэт! Псом хуэмыдэу абы и адыгэбзэ дахэмрэ и Iумахуагъымрэ сатхьэкъуат. Рае и ­нэхъыжь къалэнхэр къанэ щымыIэу зэригъэ­защIэр шэч къызытумыхьэнт.
СыщIэкIуам теухуауэ гупсэхуу къызэпсэ­лъа иужькIэ, сэ гу лъыстащ Рае зыгуэрым зэригъэпIейтейм. ИкIи сыщыуатэкъым. «УпIащIэ­рэ?»  -  щыжиIэм, сызэрыпIащIэмкIи зысхуэу­мы­сакъым (иджыри къэзгъэгугъауэ зыгуэр-           хэр къызэжьэрт, ауэ ахэр Рае нэхърэ фIыуэ нэхъы­щIэти, ягъэ езгъэкIакъым).
Нанэ Рае заулкIэ хэплъэу щысри, и гукъэкIыж чысэм и щхьэр итIэтащ.
- Зауэм и щIопщ зытехуахэм сэри сащыщщ. Си ныбжьыр илъэс 84-рэ мэхъу, куэд си нэгу щIэкIащ, ауэ си гукъеуэ нэхъыщхьэхэм хы­зо­б­-жэ си адэм и кIуэдыкIар зэрызмыщIэр. Си адэ Щокъал Былу зауэм ипэ лъэхъэнэм ­къуажэм пщIэрэ щхьэрэ иIэу, унагъуэ дахэу дэсащ, - абыкIэ Рае къригъэжьащ къехьэлъэкIыу къып­щыхъу псалъэмакъыр. - 1941 гъэм, ди къэралым нэмыцэ зэрып­хъуакIуэхэр къыщытеуам, и пщIэнтIэпскIэ ла­жьэу губгъуэм итт, колхозым хэлэжьыхьырт. Унагъуэ дахэ иухуауэ бынищ иIэт, еплIанэр дунейм къытехьэн хуейуэ ежьэрт.
Сабий еплIанэр, щIалэ цIыкIур, къызэралъ­хурэ махуибл щрикъум, повесткэ къыхуахьри, дашауэ щытащ. Абы щIыгъуащ и къуажэгъухэу Берычэт Хьэжымырзэ, Абазэ Сыхь, Щоджэн Индэрбий сымэ. Псэууэ къэзыгъэзэжар Индэрбий и закъуэщ.
Бынунэр къызэхинэу зауэ мафIэм хыхьэ ­              лIырзэ къызэплъэкIыжщ, и къуэш закъуэм зыхуи­гъа­зэри: «Мыхьэмэт, сыздэкIуэм къы­щыс­пэплъэр зыми ищIэркъым. Къэзмыгъэ­зэжмэ, си щхьэгъусэмрэ си быниплIымрэ уи а­нэмэтщ. ЯмыIэIамэ, къапэIэбэ, хамэм йомыгъэлъэIу», - къыжриIат.
А лъэхъэнэм Мыхьэмэт къишагъащIэт, иджы­ри бын зэдамыгъуэтауэ. Шы нэхъыжьыр зэ­рыдашрэ куэд дэмыкIыу езыми повесткэ къы­хуэ­кIуэри, ежьащ. Арати, абы и щхьэгъусэри и къуэшым и бынунэри я закъуэ дыдэу ­утыкум ­къинат. НысащIэр тIэкIурэ дэсри, лэгъунэ нэ­щIым щIэмысыфу и дыщ кIуэжащ.
Былу и щхьэгъусэ КIулалэ (Дзэгъащтэхэ           яп­хъущ) бын еплIанэ зэригъуэтам къарууншэ ищIами, псори езым къызэрыщыгугъыр илъагъурти, и бгыр щIикъузэри… нэхъ къэжэпхъахэр зыдигъэIэпыкъуурэ, зэман хьэлъэм пэщIэу- ващ, езым хуэдэ куэдым ещхьу, щымэжэлIаи щIыIэм щигъэгузэваи къыхуихуащ. 
Сэ куэд щIауэ гу лъыстащ зауэ зылъэгъуа цIыхухъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ абы зэмыщ-хьу зэрытепсэлъыхьым. ЦIыхухъухэм ар я лIыгъэ щIапIэмэ, бзылъхугъэм я нэхъыбэр зытеп­сэлъыхьыр ныбэрэ бынкIэ ялъэгъуа гузэвэ­гъуэрщ, гуауэрщ.
- ЗауэфI щыIэкъым, - жеIэ Рае, и гукъэкIыж-хэм кърагъэкIуа нэпсхэр тригъэсабырэну хэту. - Сысабийуэ ирихьэлIами, сэ слъэгъуа зауэр ­нэпскIэ, лъыпскIэ, мэжэщIалIагъэкIэ, ныба­джагъэкIэ, тхьэмыщкIагъэкIэ гъэнщIат. Нэмы­цэхэр къуажэм дэсыху, ди фэм ираха ­къудейм фIэкIа дымылъэгъуами, ирикъунт. СытIысу сытэджыху, апхуэдэ дяпэкIэ къэмы­хъужыну Тхьэм солъэIу. 
Рае и адэр Тэрч къалэ военкоматым деж ­Iуашри, КъалэкIыхьым яшауэ щытащ. Абы щыIэу и щхьэгъусэм къыхуиIуэхуат кIуэуэ илъагъу­жыну. Бзылъхугъэр темыпыIэу, пIащIэу ­гъуэмылэ гуэрхэр зэригъэпэщщ, сабийхэр ­гъунэгъум къыхуигъанэри, ежьащ. И насыпти, и закъуэтэкъым, абы гъусэ къыхуэхъуат зи ­щхьэгъусэхэр а станцым тес цIыхубз зыбжанэ. Май ­къалэм нэс лъэсу кIуауэ, гум ису урысылI гуэр къахуэзэри, я Iуэху зытетыр щыжраIэм, фIэгуэныхь хъуа­гъэнщ, а лъэныкъуэмкIэ кIуэрти, здэкIуэм нэс нигъэсащ. ЗдэкIуам хъума-кIуэр ­къапежьэри, сыхьэт ныкъуэ хуэдиз и пэкIэ                   ­лIы 50-м нэбла гъэ станцым зэрытрашар ­къаж­риIащ. Бзылъхугъэхэм я щхьэгъусэхэр абыхэм яхэту къы­щIэкIащ. Сыт ящIэнт? Яхьа ­гъуэмылэр ­хъу­ма­кIуэм иратри, щхьэж и на­сыпыр щэхуу ­игъеижу къыIуагъэзыкIыжащ.
Зэман дэкIри, Былу и письмо унагъуэм ­къаIэрыхьащ.  Абы зэритымкIэ,  ар  Тэн (Дон) деж ще­кIуэкI зауэм хэтт. ИужькIэ Щокъалыр ­хъыбарыншэу кIуэдащ. Зауэр екIуэкIыхуи, ар ­иуха нэужьи абы и унагъуэр хъыбар кIапэ куэд- рэ ежьащ. Иужьым, КIулалэ къуажэ Советым ираджэри, и щхьэгъусэм и хъыбар зэрыщы­мыIэр къыжраIащ, абы и къуэш (КIулалэ и ­пщыкъуэ) Мыхьэмэт зэраукIам и щыхьэт тхылъыр къы­IэщIалъхьащ. Мыхьэмэт и щхьэ­гъусэ цIыкIур ­кърагъэшэжри хьэдагъэ ящIащ, зэрахузэ­фIэкIкIи хьэдэIус   тIэкIуи хуагуэшащ.
ИужькIэ, илъэс дэкIыжауэ, Мыхьэмэт зэ­рып­сэур къыжриIэу, и шыпхъу Быцэ къыхуотхэ. Берлин дэст, и дэфтэрхэр хьэзыр хъумэ, къэ­кIуэжы-ну ежьэу. Шэч хэмылъу, ар унагъуэм ­дежкIэ ­гуфIэгъуэшхуэт. Ауэ иджыри илъэситIкIэ  къэкIуэжыфакъым.
Мыхьэмэт и Iуэхур къызэрекIуэкIари гъэ­щIэ­гъуэнщ. 1945 гъэм, Берлин нэса советыдзэм хэту, мэз лъапэ гуэрым деж щыту топышэ ­къауэри,  нэгъуэщI лIитI и гъусэу,  кумбым ири­дзащ, я гущIыIум щIы трикIутэжу. Абыхэм гу къылъамытэу дзэр адэкIэ кIуатэри, тхьэмыщкIагъэ къызыщыщIа лIищыр гурыму мащэм къи­науэ нэмыцэ гуп ­къарихьэлIэри, яфIэгуэныхь ­хъуагъэнщ, къы­щIатIыкIыжри, я гугъуи къамыщIу ежьэжат. Куэд дэмыкIыу аргуэру нэмы- цэ гуп къахуэзэри, абыхэм гъэр ящIащ, нэ­мыцэIуэм ирадзащ. Мыхьэмэт а хьэпсым щилъэгъуа тхьэмыщкIагъэмрэ гугъуехьымрэ я ­хъыбар куэд Рае ещIэж.
Зауэр иуха иужькIэ, ахэр советыдзэм хэту ­Берлин дэт штабым яшэри, я документхэр хузэ­рагъэпэщыну къагъэгугъащ, ауэ ар хьэзыр ­хъуху, къалэ гъунэм къыщызэрагъэпэща лагерым щагъэIащ. Рае зэрыжиIэжымкIэ, абы щыщыIам Мыхьэмэт посылкэ куэд къахуиу­тIыпщу щытащ, япэу школым зэрыкIуа щыгъынхэр къанэ щымыIэу и адэ къуэ­шым къыхуигъэ- хьа защIэт.
Сытми, псори зэхуэхъуу Мыхьэмэт унэм къетIысылIэжа иужькIэ, и щхьэгъусэ цIыкIури ­къишэжри, бынитI зэдагъуэтыжащ. 
Рае и гугъэкIыжхэм къытригъэзэжурэ фIы- щIэ щыхуещI и адэ къуэшым и щхьэгъусэ                    Хужь (Къарэжьхэ япхъущ). Абы сыт хуэдэ гугъуехьри къадигуэшу, я анэ етIуанэм хуэдэу къазэрыщ­­хьэ­щытари къыхегъэщ. А зэщхьэ­гъу­сэхэм быныфI къащIэнахэми къытхутеп­сэ­лъыхьащ нанэ Iумахуэр. 
Зауэ нэужь илъэсхэм къэралыр, жылэр зэ­фIэзыгъэувэжахэм яхэтащ Раи абы и анэ­къилъхухэри. Къуажэдэсхэр щыгъуазэщ абы- хэм колхозым къарууэ халъхьар зихуэдизым. 
ГъукIэпщ Рае нобэ зыдэс жьантIэр зыгъэбжьыфIэ нэхъыжьыфIщ. Ар унагъуэм, хьэблэм, къуажэм пщIэшхуэ щызиIэ нанэ Iумахуэщ. 
ГъащIэ щыхъукIэ, цIыхум и нэгу куэд щIокI,         ауэ зи ныбжь хэкIуэтам и гум къинэр къы­зэ­рымыкIуэу зыщыгуфIыкIа е и гум хыхьэу зыгъэнэщхъея гуэрщ. Рае щыпсалъэкIэ, сыт ­щыгъуи и гущIыIу къыфIэкIуэр хъыбарыншэу кIуэда и адэм и Iуэхурщ. Абы и хъыбар и бынхэмрэ къатепщIыкIыжа цIыкIухэмрэ яжриIэ зэпытщ. Хэт ищIэрэ?.. 
Зауэм и кIэр хьэдагъэщ, жаIэ. А хьэдагъэр илъэс дапщэкIэ екIуэкIми зыщIэр абы зи благъэ-Iыхьлы хэкIуэдахэрщ… Зауэр щиухыр фоч гъауэ макъ къыщымыIужракъым, атIэ гъыбзэ щы­хуамыусыжырщ. Къремыхъуж апхуэдэ.  

Щомахуэ  Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.