ЩIЫНАЛЪЭМ И ЕГЪЭДЖАIУЭХЭР ЯГЪЭПАЖАЩ

ЕгъэджакIуэхэм я махуэмкIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ щIыналъэ администрацэм и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Джатэ Руслан. Администрацэм ирагъэблэгъа егъэджакIуэ нэхъ пажэ дыдэхэм щIыхь тхылъхэр щаритым, Джатэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ:
- ЩIыналъэм и егъэджаIуэхэм фи лэжьыгъэ мытыншым зыкъевмыгъэлыжу фыпэрытщ. Ар и нэщэнэщ фи IэщIагъэр фIыуэ зэрыфлъагъум. Фэ цIыху фогъасэ, ивогъаджэ, фоунэтI. И пэжыпIэращи, куэдкIэ фэлъытащ щIэблэ къытщIэхъуэр зыхуэдэ хъунур. Ахэр нобэ щIалэгъуалэщ, пщэдей щIыналъэм, республикэм, къэралым къуэувэнущ. Фи псэ гуапагъэр мыкIуэщIу, еджакIуэ щыпкъэхэр къыфщIэхъуэу, адэ-анэхэр къыфхуэарэзыуэ Тхьэм куэдрэ узыншэу фигъэлажьэ!
 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджаIуэ» цIэ лъапIэр фIащащ Сэрмакъ школ №I-м и егъэджакIуэ Дау Людмилэ. Абы теухуауэ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм зэIущIэм къыщеджащ.

 

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ