«БГЫГЪУАНЭЖЬ»«Бгыгъуанэжь» жыхуэтIэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм, Къармэхьэблэ къуажэм деж, щыIэщ. Сыт хуэдэ транспорт лIэужьыгъуэкIи уIухьэфынущ, гъуэгур тэмэмщи. СэмэгурабгъумкIэ укъекIуэкIрэ и щхьэм удэкIуеймэ, бгы гъуанэм и щыгу утоувэ. ФIэщхъуныгъэ пхэлъмэ, къэхъуну узыхуейхэр уи гум ибубыдэ хъунущ. Согупсысыр: нэпкъым мыпхуэдэ гъуанэшхуэр къыхэщIыкIа хъун папщIэ лIэщIыгъуэ дапщэ дэкIын хуейуэ пIэрэ?! ЩIыуэпсым и ухуэныгъэ гъэщIэгъуэныр цIыхухэм я зэхуэсыпIэу, лъапIэныгъэ гуэру зэрыщытам шэч къытесхьэркъым. Уеблэмэ хуэбгъэфащэ хъунущ тхьэлъэIупIэу яIауэ.
Котляров Виктор.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|