«ИЛЪЭСЫМ И ЕГЪЭДЖАКIУЭ-2021» ЗЭПЕУЭМ И ЛАУРЕАТ КЪУЩХЬЭ КАРИНЭ

Дон Iус Ростов къалэм дэт 11-нэ Лицейм «Урысейм и илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр щызэхуащIыжри, лауреатхэм я цIэр къыщраIуащ фокIадэм и 25-м. Япэ ит цIыху 15-м яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ егъэджакIуэ Къущхьэ Каринэ.

 Май мазэм екIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021»-м и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуа нэужь, Къущхьэ Каринэ хагъэхьащ Урысейм и утыкушхуэм и къару здынэсым щеплъыжыну егъэджакIуэ 85-м. Лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэситху фIэкIа мыхъуа пэтми, Щхьэлыкъуэ щыщ, Май къалэм и 5-нэ школым инджылызыбзэр щезыгъэдж хъыджэбзыр япэ ища 15-м хэхуащ.

Зи цIэ къраIуа егъэджакIуэ пщыкIутхум къапэщылъщ иджыри зэхьэзэхуищ. «Класс сыхьэтымрэ», «Мастер-класс»-мрэ зэфIэкIа нэужь, жэпуэгъуэм 4-м екIуэкIынущ «Илъэсым и егъэджакIуэм и пресс-конференц» зыфIаща зэпеуэр. Ар къыщызэIуахынущ Мэзкуу дэт «Урысейр нобэ» («Россия сегодня») хамэ къэрал агентствэм и пресс-IуэхущIапIэм. Пресс-конференц жыпхъэм иту къызэрагъэпэщыну зэIущIэм егъэджакIуэхэм упщIэ къыщратынущ адэ-анэхэм, сабийхэм, студентхэм, журналистхэм.

«Мы зэпеуэм сызэрыхэтар Iэмал телъыджэ схуэхъуащ си егъэджакIуэ зэфIэкIыр здынэсми сеплъыжын, си лэжьэгъухэм къабгъэдэсхыну Iэзагъми нэIуасэ сыхуэхъун папщIэ, - жеIэ езы Каринэ. - ЩIэныгъэр щыхагъахъуэ курс щIэгъэхуэбжьа схуэхъуауэ жыпIэ хъунущ зэхьэзэхуэр. Шэч къытесхьэркъым ар адэкIи къызэрысхуэсэбэпынум, абы утрегъэгушхуэ IэщIагъэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыбузэщIыным ухущIэкъуным. Си гуапэщ мыбы сыкъызэрыщыхутари, республикэм зэрыхуэфэщэну и цIэр згъэIуну Iэмал зэрызгъуэтари».

Къущхьэ Каринэ Арсен и пхъур Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ.  Налшык дэт педколледжыр къиуха нэужь, Каринэ и щIэныгъэм щыпищащ Псыхуабэ дэт лингвистическэ университетым, иужькIэ - КъБКъУ-м. Инджылызыбзэр езыгъаджэ, сабиитI зыпI щхьэгъусэ насыпыфIэр иджыри урымыбзэмрэ испаныбзэмрэ иропсалъэ. И ехъулIэныгъэм и щхьэусыгъуэу къалъытэр хъыджэбзым увыIэгъуэ имыIуэ и щIэныгъэм зэрыхигъахъуэрщ.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж