ШЫIЭНЫГЪЭР, ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР, ЗЭГУРЫIУЭНЫГЪЭР ЗИ ТЕГЪЭЩIАПIЭ

Иджыблагъэ Татарстаным ще­кIуэкIа Муслъымэн кином и дунейпсо фестивалым хэ­тащ­ театрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIы­хь зиIэ и лэжьакIуэ Ем­кIуж­ Андзор. Щэн­хабзэ зэ­пы­щIэныгъэхэмкIэ лъэпкъхэр зэ­шэ­л­Iэныр зи къы­хуе­джэ­ныгъэ фестивалым къэрал лъэпкъ зэ­­мылIэужьыгъуэ куэ­дым  къа­хэкIа цIыху зэчиифIэхэр зэхуишэсащ.

Абыхэм я лэжьыгъэхэмкIэ утыку кърахьэ Iуэхур зытеухуар зыт: шыIэныгъэр, зэныбжьэгъу­гъэр, лъэпкъ, дин зэгуры­Iуэ­ныгъэр гъэбыдэнырт. ЕмкIу­жым 2019 гъэм триха «Невиновен» фильмри хагъэхьащ зэпеуэм хэмыт гъэлъэгъуэныгъэм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы лъабжьэ хуэхъуар фестивалым и гупсысэ нэхъыщхьэрщ.
2019 гъэм къэрал псор зэплъа адыгэ кинощ «Невиновен»-р. Ди хэкужьым и беягъыр, ди лъэпкъым и хабзэ дахэр, ди цIыхухэм я дуней тетыкIэр къы­зыхэщ, шыIэныгъэмрэ гущIэгъумрэ зи лъабжьэ, дунейм ще­кIуэкI къэхъукъащIэхэр Кавказым щыпсэу цIыхум и нэкIэ зэрилъагъум теухуа фильмыр ноби «Ютуб»-м щызэIэпах. Куэд­ щIауэ къэмыхъуауэ, дунейм къытехьащ адыгэ лъэп­къыр зэрыгушхуэ хъун, дуней­псо утыку ипхьэну узытемыукIы­тыхьын, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэжь­хэр къызыхэщ фильм телъы­джэ. Адыгэ къуажэм, хьэблэм, пщIантIэм, унэм деж щегъэ­жьа­уэ жылэм дэлъ хабзэмрэ ще­кIуэкI адыгэ гъащIэмрэ къы­щыгъэлъэгъуащ «Кавказ­фильм»­ кинокомпанием триха фильмым. Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ, цIыху куэд зыгъэпIейтей къэхъукъащIэщ зыхуэгъэпсар.
«Кавказфильм»-м и уна­фэщI, режиссёр ЕмкIуж Андзор­ зэрыжиIэмкIэ, цIыху зэ­хэ­гъэж, лъэпкъ зэныкъуэкъу, щIалэгъуалэ зэпэщIэувэныгъэ щыIэн хуейкъым. ЦIыху гъащIэр зыщ зэрыхъур, ар зым адрейм Iихыныр къезэгъыркъым. ЗэгурыIуэрщ, шыIэныгъэрщ, мамырыгъэрщ мы дунейр щы­зыгъэIэри зэтезыIыгъэри. Мис ахэращ адыгэ кином цIыху­бэр къызыхуриджэ гупсысэ нэхъыщхьэр.
XVII дунейпсо фестивалым кино хьэзырхэр Къэзан зэрыщагъэлъэгъуам нэмыщI, режиссёрхэр утыку щхьэхуэ иришат дяпэкIэ трахыну фильмхэм щы­тепсэлъыхьу. Къищынэ­мы­щIауэ, зэIущIэм хэтт кинор зыщэхухэмрэ прокату къэзыщ­тэ­хэмрэ. Кинорынокми щигъэлъэгъуэн иIэт ЕмкIужым. «Невиновен-2» кинопроектыр Къэзан япэу утыку къыщрихьащ икIи къеплъахэм, къе­дэIуахэм ягу ирихьащ адыгэ фильмым щыпхыша гупсысэ нэхъыщхьэмрэ ар лъэпкъ проект гъэщIэгъуэну зэрыщы-тымрэ.
- Фестивалыр гъэщIэгъуэнт икIи Урысей Федерацэм и хэгъэгухэм къищынэмыщIауэ хамэ къэралхэм къикIа си лэ-­  ­жьэ­гъу­хэри щыIэт. Абы и мурад нэхъыщхьэр кинор тезыххэмрэ ар зы­гъэлъагъуэхэмрэ зэры­цIы­хунырщ, зэдэлэжьэнырщ. ­УФ-м щытрах кинохэр къэрал кIуэцIым цIэрыIуэ щы­щIы­нырщ, - къыддогуашэ Андзор. - Фестивалыр ди киностудием пэгъунэгъу дыдэщ жыпIэмэ, ущыуэнукъым, сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ, ди гупсысэхэр зэры­зэщхьэщыкI щымыIэу зэтохуэ. Дэ Европэм щытрах фильмхэм захэдгъэгъуэщэну дыхэткъым, атIэ ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ­хэр, тхыдэр, хабзэр кинокIэ хъу­ма, гъэлъэгъуа зэрыхъунырщ з­иужь дитыр. Абы и лъэны­къуэкIэ Къэзан фестивалми лъабжьэ хуащIар цIыхугъэ лъагэмрэ псэкупсэ къулеягъымрэ къызыхэщ фильмхэр утыку ­къихьэнырщ, апхуэдэхэр те­зых­хэм защIэгъэкъуэнырщ. Лъэпкъ хабзэхэмрэ муслъымэн диным къигъэув зэхэтыкIэ къабзэмрэщ япэ иригъэщыр. ИтIани динкIэ къытщхьэщыкIыу, ауэ­ гуапагъэм, мамырыгъэм, пэжыгъэм теухуахэм гулъытэ хуащI. Абы и къэпщытакIуэхэм яхэтщ дуней псом щыцIэрыIуэ режиссерхэр, операторхэр, кином елэжьхэр.
ДэркIэ нэхъыщхьэрати, ди щIы­налъэ кином зэрызедгъэужьын, утыку нэхъ инхэм ды­зэрихьэн Iуэхущ зиужь дитар. ИкIи зэхыхьэм цIыхугъэ куэд къыщытхуэхъуащ, къищы­нэмыщIауэ ди лэжьэгъухэу «Татарфильм», «Сибирьфильм», «Сахафильм», Москва, Калининград, нэгъуэщI щIыпэхэм щылажьэ киностудиехэм дя­пэ­кIэ дадэлэжьэнымкIэ зэгуры­Iуэныгъэхэр етщIылIащ. Сэ сыхуейщ Кавказыр жыжьэу фIэкIа зымыцIыху, мыбы ще­кIуэкI гъащIэм щымыгъуазэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр лэ­жьыгъэ IуэхукIэ ди лъахэм къезгъэблагъэурэ ди псэукIэр, ди тхы­дэр, ди щIыпIэ дахэхэр къе­з­гъэцIыхуну. Щэнхабзэмрэ гъуа­з­джэмрэ къэдгъэсэбэпу ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъыбэ, нэхъ лъэщ сщIыну. Езыхэм я дежи деблагъэурэ проект щхьэ­хуэхэр зэдэтщI хъунущ. Ар хэ­кIыпIэфIщ Урысейми, хамэ къэралхэми Кавказым къахуа­Iэ еплъыкIэм зебгъэхъуэжы­ны­м­кIэ, ди хабзэм и дахагъымрэ ди хэкум и беягъымрэ утыкуш­хуэхэм ипхьэ­нымкIэ, - жеIэ зи лъэпкъ Iуэхур сыт хуэдэ и лэжьыгъэми лъабжьэ хуэзыщI режиссёр цIэры­Iуэм.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.