ПСЫБЕЙ-КХЪУЖЬЫБ

Мы цIэр зезыхьэ жылэшхуэу къалэ теплъэ зиIэр Краснодар крайм и Мостовской районым итщ. Километр 12 и кIыхьагъми, абы хуиту зригъэзэгъащ Лабэ ЦIыкIу щежэх тIуащIэм Къырылъэ шытхыр «щызэпитхъым» ипщэ лъэныкъуэмкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухам деж.   
    Къуажэшхуэм фIащар, зэрынэрылъагъущи, адыгэбзэм хэт «псы», «бэ» псалъэхэм къытехъукIащ, къызэрыдгурыIуэ хъунури «псы куэду здэщыIэ лъахэ» жыхуиIэущ.          
Лабэ ЦIыкIу абдежым къыщыхэлъэдэж псы къуэпсу мы зэманым урысхэм «Псебайкэ» зыхужаIэри, гу зэрылъытэгъуафIэщи, зи гугъу тщIы фIэщыгъэм и «благъэщ».  Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, а тэхъуанэм иса адыгэхэм иужьрейм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэпу щытар «Кхъужьыб» фIэщыгъэрщ, «кхъужькIэ бей къуакIэ» кърагъэкIыу.   
Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ
Урыс-Кавказ зауэр здекIуэкIым, I856 гъэм пащтыхьыдзэхэм Кхъужъы́б (Псыбей) адыгэ къуажэр, дэсахэр зэхэзехуэн ящIу, зэтрагъэсхьа иужь, зэрыпхъуакIуэхэм а щIыпIэм быдапIэ щаухуащ.
Тхыдэтх Щербинэ Фёдор «История Кубанского казачьего войска» и тхылъым зэрыщитхымкIэ, «I856 гъэм Лабэ ЦIыкIу къущхьэ жьанэхэм къыщыдэбыргъукIым нэс зыщызыгъэбыда урысхэм Iэшэлъашэу зрихьэлIэ псоми зыхуэныкъуэу къалъытэ гъуэгущIэхэр щыпхашырт, Шэдыкъуэ (Шедок), Псыбей быдапIэхэр щаухуэрт».     
Ауэрэ здекIуэкIым, зауэр иджыри имыухыпауэ, хэкурысхэр изыхуу абыхэм я пIэ зизыгъэувахэм I862 гъэм Псыбей быдапIэм «ирагъэблэгъащ» а щIыпIэр къэзызэуа сэлэтхэм Урысей пхащIэм къыщагъэна я унагъуэхэмрэ Новопокровскэ станицэм щыщ къэзакъхэм я Iыхьлыхэмрэ.   
Къыхэгъэщыпхъэщ, урысхэм зи гугъу тщIы Псыбей къуажэщIэр а цIэ дыдэр зезыхьэу Лабэ ЦIыкIу къухьэпIэмкIэ къыщыхэлъадэ псы бгъунжым деж зэрыщаухуауэ щытари.
ИкIи, дгъэщIагъуэр аращи, дэс щIагъуи щымыIэу, мащIэ-мащIэурэ зыкъэзыужьа жылэшхуэм, Лабэ ЦIыкIу и Iуфэу сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыIэм, тIуащIэ абрагъуэм километр I2-кIэ дехыу мы зэманым зыщиукъуэдиящ. Зыхиубыдэ районым и къуажащхьэ Мостовской станицэм ар зэрыпэжыжьэр километр 35-кIэщ.  
ИщхъэрэкIэ нэхъри деIэбыхынщи, Лабэ ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ Iус Курганинск къалэм къикIыу Псыбей кърашэлIауэ щыта гъущI гъуэгур (километр 95-рэ и кIыхьагъщ) нобэр къыздэсми мэлажьэ.   
Псыбей и лъабжьэкIэ нэхъ къыщыпэгъунэгъуу къалъытэ Шэдыкъуэ (Шедок) километр I4-кIэ пыIудзащ, къуэкIыпIэмкIэ (Лабэ ЦIыкIу узэпрыкIмэ) къыпэщысыр Андрюки (Мэрэтыкъуэ Къасым зэритхымкIэ, Андрыгу) зыхужаIэ станицэрщ.
  ЩIыуэпс  
Къалэ теплъэ зиIэ къуажэшхуэр здэщыс щIыпIэм къыщыщIедзэ Iэшэлъашэм и нэхъ дахапIэхэм. Къыпэгъунэгъу Къырылъэ шытхым ипщэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэр задэщ, языныкъуэхэм дежи метрищэ зыбжанэ зи лъагагъ щыхупIэ теплъэ яIэу. Абыхэм цIэуэ зэрахьэхэри гъэщIэгъуэнщ: «Ахъмэт и щыхупIэ», «Щыхьым и епкIапIэ» «Джэрпэджэж шытх», нэгъуэщIхэри. Мыбдежым гъуэдыдж-гъуэжлаухэми  бгъуэнщIагъхэми куэдыжьу уащрохьэлIэ. ЗэрыжаIэмкIэ, абыхэм яхэтщ щIы щIагъым, зэрызэпыщIа и лъэныкъуэкIэ, километр зыбжанэ зи кIыхьагъыу щIыхьэхэри.       
ЩIыпIаплъэхэр Пщыбей ипщэкIэ щыс Никитинэ къуажэ цIыкIум икIыурэ, Лабэ ЦIыкIу и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ псыкъелъэхэм макIуэ, бгыщхьэ тафэхэм йохьэ, Хуэдз зи фIэщыгъэ псы цIэрыIуэр зи къежьапIэ ТхьэщIы IуащхьэмкIэ екIуэкIыжхэри абыхэм яхэтщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)