МЕДИЦИНЭМКIЭ ДУНЕЙПСО ЩIЭНЫГЪЭ ЗЭХУЭС

ЩIэныгъэмрэ технологиемрэ я Илъэсым ипкъ иткIэ, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мы махуэхэм щокIуэкI «Медицинэм хуэгъэпса щIэныгъэ: технологие зэхэлъхэр, иджырей Iэмэпсымэхэр, медицинэм къыщагъэсэбэп физикэ Iэмалхэр» II дунейпсо щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэхуэсыр.
КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ и еджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм щызэхэт зэхуэсым кърихьэлIащ Урысей Федерацэм, Израилым, Италием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я щIэныгъэлIу, дохутыру, есэпым, химием, физикэм пыщIа IэщIагъэлIу 70-м щIигъу. ЩIэнIуатэм и лэжьыгъэр зытещIыхьар технологие зэхэлъхэр медицинэм халъхьэкIэрэ, хирургие пэIудзамрэ 3D компьютер жыпхъэмрэ къупщхьэ къутам, псантхуэм, уз Iейм, гу узым, дзэмрэ дзэпкъымрэ епха узыфэхэм еIэзэ хирургием къызэрыщагъэсэбэпыну щIыкIэхэмрэ Iэмалхэмрэ убзыхунырщ.
КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ IуэхухэмкIэ и проректор Хьэшыр Светланэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, щIэнIуатэм и мыхьэнэм кIэщIу и гугъу ищIащ.
«Нобэрей ди зэхуэсыр и гъуэу къызэгъэпэщащ, жытIэмэ щыуагъэ хъуну къыщIэкIынкъым. Нобэ псоми къыдгуроIуэ щIэныгъэм къыщекIуэкI къэхутэныгъэщIэхэмрэ дохутырхэмрэ зэлъэIэсын хуейм къыщымыувыIэу, ахэр я лэжьыгъэм халъхьэн, иджырей Iэмалхэр ирахьэлIэурэ цIыхум и узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным зэрытелэжьапхъэр. ЩIэныгъэри цIыхум еIэзэнри узылъэщIэмыхьэф Iуэхугъуэу щытынкIэ Iэмал иIэкъым. Технологием зиужьащ. Илъэс зыбжанэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, абы нобэ щыщыIэ ехъулIэныгъэхэм хуэдэхэр цIыхум зыIэригъэхьэфынкIэ ди пщIыхьэпIэ къыхэхуэнутэкъым. Иджырей технологиер медицинэм къыхуэбгъэIурыщIэ зэрыхъунур нэрылъагъу ищIащ абы щызэрахьэ Iэмэпсымэхэм. Ауэ адэкIэ кIуэтэн хуейщ. Иджы технологием и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм я зэфIэкIхэр зэхэплъхьэ мэхъу, ахэр узыфэ гъэхъужыгъуейхэр къэхутэным и гъуэм еIэзэным, хъуххэмэ, абыхэм къытрамыгъэзэжу Iэпкълъэпкъым хэхыжыпэным хуэунэтIын хуейщ. Япэ лъэбакъуэхэр ча хъуащ, абы укъыщызэтеувыIэ хъунукъым. Нэхъыщхьэр – цIыху къызэрыгуэкIхэм деж а Iэмалхэр нэхьэсын хуейщ. Мы щIэныгъэ зэхуэсыр, пэжыр жыпIэмэ, къызэгъэпэщыныр псынщIэ дыдэтэкъым. Iуэхугъуэ зэхэмыбз щыIэхэм хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр, дуней псом щыцIэрыIуэ дохутырхэр зэуIу щIын, зы узыфэм е зы Iуэхугъуэм ехьэлIами, я къэхутэныгъэхэр зы гъуэгу тегъэувэн хуейт. Лъэныкъуэ псори дызыгъэпIейтей мы лэжьыгъэр иджыри зыхуэныкъуэ щыIэт – есэпымрэ физикэмкIэ IэщIагъэлIхэри къыхэшапхъэт. Ар тхузэфIэкIа хуэдэщ. Иджы дохутырхэри, щIэныгъэлIхэри, щIэныгъэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэри зы бзэкIэ – медицинэм и бзэкIэ – псалъэ хъуащ. Ар узыщыгуфIыкIынщ. ГугъапIэшхуэхэр худиIэщ мы зэхуэсым, абы мураду зыхуигъэувыжхэр псори къызэрехъулIэнум шэч къытесхьэркъым», – жиIащ Хьэшырым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам щIэнIуатэм кърихьэлIахэр зэрызэгурыIуэнум, щIэныгъэми практикэ мыхьэнэ зиIэ медицинэми щыщхьэпэн гупсысэхэр къызэрагъэщIыным шэч къызэрытримыхьэр жиIащ. «ЦIыхум и узыншагъэм еIэзэным теухуауэ щыIэ хэкIыпIэхэр къызэрыдгъэIурыщIэнум, ди лэжьыгъэм зэрыхэтпщэну щIыкIэхэм дэркIэ мыхьэнэшхуэ яIэщи, зэхуэсым и лэжьыгъэм ди нэIэ тедгъэтынущ. Дэ къыдгуроIуэ, практикэ мыхьэнэ зиIэ медицинэм и фIагъым хэгъэхъуэн, хуейри, иджырей технологие зэхэлъхьэр лъабжьэ зыхуэхъу Iуэхутхьэбзэхэр цIыхум лъэIэсыгъуафIэ щIын зэрыхуейри. Лэжьыгъэ щхьэпэ къефхьэлIэну си гуапэщ. Абы къищынэмыщIауэ, ди зэIущIэр дунейпсо зэгурыIуэныгъэм, зэдэлэжьэкIэм я шэсыпIэу зэрыщытри куэд и уасэщ», – жиIащ министрым.
Мэзкуу дэт, сабий хирургиемрэ травматологиемкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым нейрохирургиемкIэ и къудамэм и унафэщI, сабий нейрохирург, КъБКъУ-м уIэгъэщ хирургиемкIи кафедрэм и профессор Семэн Жаннэ псалъэр щратым, щIэнIуатэм зэрыщыгуфIыкIыр, ар Iуэхум ехьэлIауэ щыIэ гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшэным я IэмалыфIу, щIэныгъэм хэгъэхъуэным и хэкIыпIэу зэрыщытыр жиIащ.
Дунейпсо щIэнIуатэр къызэрагъэпэщащ Мэзкуу дэт, сабий хирургиемрэ травматологиемкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, «МИСИС» щIэныгъэ-къэхутакIуэ технологие университетым, Бурденкэ Николай и цIэр зезыхьэ, нейрохирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ центрым, Алмазов Владимир и цIэр зезыхьэ, нейрохирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ центрым, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. КъызэгъэпэщакIуэ гупым и унафэщIу хахащ КъБКъУ-м ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор Алътуд Юрэ.
ЩIэныгъэ зэхуэсыр махуэ зыбжанэкIэ еIуэкIынущ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.