МОСКВА ЩЕКIУЭКI ЗЭПЕУЭМ ХЭТЩ

ШколакIуэхэм я деж къыщыхалъхьа «Президент зэпеуэхэр» Урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну зыхуагъэфэщахэр иджыблагъэ ягъэнэIуащ. КъБР-м къыбгъэдэкIыу абы хэтщ Тэрч щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэр. 
 А Iуэхур «Орлёнок» стадион нэхъыщхьэм къыщыщызэIуахым спортсмен ныбжьыщIэхэр, абыхэм я гъэсакIуэхэр, къэпщIытакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ хэтащ. Урысей Федерацэм и хэгъэгу 81-м щыщ ныбжьыщIэ 1400-рэ я зэфIэкI еплъыну хыхьат абы. 
 Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну хуагъэфэщащ илъэсым и кIуэцIкIэ я щIыналъэм щрагъэкIуэкIа зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIауэ 7-нэ классым щеджэ ныбжьыщIэхэр. 
 Тэрч къалэ дэт лицей №1-м щеджэ цIыкIухэм я гъэсакIуэ Къандрокъуэ Разетэ и гъусэу мы махуэхэм Москва щыIэщ, а Iуэхухэм жыджэру хэтщ. 
 Зэпеуэхэр IыхьиплIу гуэшащ: лIэужьыгъуэ куэду зэхэт спорт зэпеуэ, къэжэнымкIэ нэхъ псынщIэр щагъэнаIуэ ,теориер нэхъыфIу зыщIэ, творческэ зэпеуэ. 
 Абы щытекIуахэр фокIадэм и 22-м ягъэнэIуэнущ.
 Ди ныбжьыщIэ цIыкIухэм дохъуэхъу, я ехъулIэнМосква щекIуэкI зэпеуэм хэтщ
 ШколакIуэхэм я деж къыщыхалъхьа «Президент зэпеуэхэр» Урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну зыхуагъэфэщахэр иджыблагъэ ягъэнэIуащ. КъБР-м къыбгъэдэкIыу абы хэтщ Тэрч щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэр. 
А Iуэхур «Орлёнок» стадион нэхъыщхьэм къыщыщызэIуахым спортсмен ныбжьыщIэхэр, абыхэм я гъэсакIуэхэр, къэпщIытакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ хэтащ. Урысей Федерацэм и хэгъэгу 81-м щыщ ныбжьыщIэ 1400-рэ я зэфIэкI еплъыну хыхьат абы. 
Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну хуагъэфэщащ илъэсым и кIуэцIкIэ я щIыналъэм щрагъэкIуэкIа зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIауэ 7-нэ классым щеджэ ныбжьыщIэхэр. 
Тэрч къалэ дэт лицей №I-м щеджэ цIыкIухэм я гъэсакIуэ Къандрокъуэ Разетэ и гъусэу мы махуэхэм Москва щыIэщ, а Iуэхухэм жыджэру хэтщ. 
Зэпеуэхэр IыхьиплIу гуэшащ: лIэужьыгъуэ куэду зэхэт спорт зэпеуэ, къэжэнымкIэ нэхъ псынщIэр щагъэнаIуэ ,теориер нэхъыфIу зыщIэ, творческэ зэпеуэ. 
Абы щытекIуахэр фокIадэм и 22-м ягъэнэIуэнущ.
Ди ныбжьыщIэ цIыкIухэм дохъуэхъу, я ехъулIэныгъэ дыпоплъэ.
 

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)