Багъ Марьям: Адыгэ щIэблэр лъэпкъыпсэу къэтэджын папщIэ

Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа, журналистикэми зи зэфIэкI щеплъыжа Багъ Ма­рьям зыхуэдгъэзащ щIэб­лэр лъэпкъыпсэу, я бзэм пщIэ хуа­щIу, фIыуэ ялъагъуу къэ­тэ­джыным теухуа и Iуэху ­бгъэ­дыхьэкIэхэмрэ иужьрей илъэ­­ситIым къыдигъэкIа тхылъ­хэмрэ тедгъэп­сэлъы­хьы­ну.

- Марьям, илъэс зыбжанэкIэ курыт еджапIэм анэдэлъхубзэр щебгъэджащ. Адыгэ сабийр лъэпкъыпсэу къэтэ­джын папщIэ лэжьыпхъэхэм, ныбжьыщIэхэм къызыхэкIар, я бзэр Iумпэм ямыщIу, лъэп­къым зэрыхуэщ­хьэпэным я гупсысэр хуэгъэзауэ къэгъэхъуным теухуауэ къэбгъэ­сэ­бэпа уи Iэмалхэм я гугъу къыт­хуэщIыт.
- Курыт еджапIэм сызэры­щыIа лъэхъэнэм къриубыдэу си псэм нэхъыфIу къилъытэ Iэмалу хъуар къэзгъэсэбэпащ. Нэхъ щхьэпэ хъуауэ къэслъытахэм сыкъытеувыIэнщ. Егъэджэ­ныгъэм къыдэкIуэу гъэсэныгъэ дерсхэри сыт щыгъуи къызэзгъэпэщащ. Адыгэ хабзэм ехьэ­лIауэ нэхъ гу зылъытапхъэу къэслъытэхэр театр теплъэ­гъуэу, зэпеуэу, джэгукIэ зэмы­лIэужьыгъуэ защIэу къызэзгъэпэщащ. Апхуэдэщ адыгэ хабзэм щыщ Iыхьэхэр - адыгэ ­нысашэ, гущэхэпхэ, кхъуей-­ п­лъыжь­кIэрыщIэ, адыгэ шхы­ны­гъуэхэм, хъуэхъухэм, тау­рыхъ­хэм нэхъ удихьэхыу къе­джэхэм, екIуу къафэхэм, пса­лъэ­зэб­лэдз­хэм я зэпеуэхэр, адыгэм хьэкум зэрырагъэ­кIуэ­кIыу щы­тар, утыку итыкIэр, акъыл жа­ныр, Iущагъыр къыщагъэнаIуэ зэхыхьэхэр, нэ­гъуэщI­хэри. АдыгэбзэмкIэ дер­с­хэм пса­лъэу­хауэ щызэпкърытх­хэм я нэхъыбэр адыгэ хабзэм къы­хэсхырт. Япэрауэ, хабзэр зэдгъащIэрт, и мыхьэнэм ды­тепсэ­лъыхьырт, иужькIэ псалъэхэм я зэхэлъыкIэм, псалъэ­у­хам я зэпкърыхыкIэм дыкъы­теувыIэрт. 
Нэхъ цIыкIухэм къахузэзгъэ­пэщ адыгэбзэ дерсхэм я иужь­рей дакъикъипщIыр Iэмал имы­Iэу къафэкIэ зэхуэс­щIы­жырт. Мо езэша цIыкIухэм я Iэпкълъэпкъым абы зригъэгъэпсэхурт икIи я гукъыдэжыр къиIэтырт. Езыхэми яфIэфI дыдэт. ЩIалэ цIыкIухэми пщащэ цIыкIухэми я увыкIэр, Iэгу еуэкIэр, утыкум зэрихьапхъэр, зэблэкIыкIэр – псори дахэу езгъэлъагъурт, нэхъ балигъ хъуа нэужьи утыкум екIуу ихьэфын хуэдэу. 
Я цIэ-унэцIэр, зыщыщыр, къызыхэкIа лъэпкъыр, я адэ-анэр, адэшхуэ-анэшхуэхэр, къы­далъхуахэр, щыпсэу жы­лэр, зытес уэрамыр, зыщIэс унэр – Iэмал имыIэу адыгэбзэкIэ ящIэу езгъасэрт. УеупщIамэ, псори къэмыувыIэу къыбжиIэрт дэтхэнэ сабийми. 
Гъэм и дэтхэнэ лъэхъэнэми - щIымахуэми, бжьыхьэми, гъатхэми, гъэмахуэми губгъуэм, та­фэхэм, бгыхэм, псыхъуэхэм, джа­бэхэм, мэзхэм сшэрт. Зып­лъыхьакIуэ, мэракIуэщыпэ, ­бдзэ­жьеящэ, Iэжьэ къежэх – псори гукъинэжу едгъэкIуэ­кIащ. НыбжьыщIэм и къэухьым абы хуэдэу зезыгъэужь куэд щыIэкъым. Зригъэужьым и мызакъуэу, и лъахэр, и щIыналъэр, и Хэкур фIыуэ ирегъэ­лъагъу. Абы щалъэгъуа псор, я нэгу щIэкIар, къазэрыщыхъуар дыкъекIуэлIэжа нэужь дапщэщи езгъэтхыжырт. ДыздэщыIа щIыпIэхэм ехьэлIауэ тхыдэм къыхэщыжхэми дытепсэ­лъы­хьыжырт. Губгъуэм уиту, мэзым ущIэту, псы Iуфэм уIусу, цIыху гуп бгъэхьэщIэн хуей хъумэ, нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ зэрыбгъэ­тIысыну щIыкIэхэр, Iэнэр зэре­кIуэкIыпхъэр - ахэри зэд­гъа­щIэрт. ЩIыпIэм узыщрихьэлIэ псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм, абыхэм я цIэхэр къызытекIар – къапщтэмэ, куэд гъэ­щIэ­гъуэну зэпкърытхырт. Жьы къабзэм хэту ебгъащIэхэр: хабзэр, тхы­дэр, георгафиер, биологиер, щIыуэпсыр зэи ящымыгъупщэу цIыкIухэм ягу ирау­быдэ. 
НэхъыжьыфIхэр къезгъэблагъэурэ еджакIуэхэм зэIущIэхэр къахузэзгъэпэщащ. Ахэр ­цIы­кIу­хэм сытым хуэдэу тхъэ­гъуэ ящыхъурэт! «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуиIэ псалъэжьым дытету, «Уи лъэпкъым и тхыдэр пщIэну къыптохуэ» лэжьыгъэшхуэри къыдэхъулIэу едгъэ­кIуэкIащ. Езы сабийхэр абы ири­гуфIэу сытым хуэдиз къыщатIэщIыжат дэфтэр хъума­пIэхэм. 
УрысыбзэкIэ ди лъэпкъым теухуауэ ятхауэ щыIэхэр адыгэбзэкIэ зэддзэкIыжу, абыхэм дерс­хэм дыкъыщеджэжу, ды­щы­теп­сэлъыхьыжу лэ­жьы­гъэфI­хэр къыдэхъулIащ. Абыи бзэхэм хуэIэрыхуэу ирегъасэ, анэдэлъ­хубзэри лъэпкъ тхы­дэ­ри фIыуэ зрагъэщIэным хуэ­щIауэ…
Грамматикэ лэжьыгъэ едгъэ­кIуэкIрэ, адыгэ тхакIуэхэм я гъа­щIэмрэ я тхыгъэхэмрэ ды­тепсэлъыхь къудей мыхъуу, лъэпкъым епха дэтхэнэ зы лъэ­ба­къуэми щыдгъэгъуазэу, адыгэ хабзэр, бзэр, щIыуэпсыр зэкIэрымыхуу едгъэцIыхуу, едгъащIэу дахэтмэ, ди щIэблэр лъэщу гъэса хъунущ. Нобэрей ди щIэблэр Iущ цIыкIухэщ, акъы­лыфIэхэщ – узэхахынущ. Ауэ, лъэпкъым и цIыху дыхуеймэ, гъэсэныгъэ ядезыгъэкIуэ­кIын къэтлъыхъуэмэ, ныбжьыщIэхэм яхэбгъэхьэ хъунури егъэджакIуэ адыгэпсэхэрщ. 
- Адыгэ IуэрыIуатэм щыщ хъы­барыжьхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр къызэрыдэвгъэ­кIар гуапэщ. Апхуэдэхэм икъу­кIэ дыхуэныкъуэщ.
- IуэрыIуатэр зыфIэгъэщIэ­гъуэ­ну класс нэхъыжьхэм щIэс си ныбжьыщIэхэм я гъусэу къуа­жэм дэс нэхъыжьхэм я деж дыкIуэурэ купщIэшхуэ зиIэ хъыбарыжьхэр илъэсищым къриу­б­ыдэу зэхуэтхьэсыжащ. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэ­рал инс­титутым адыгэ IуэрыIуа­тэм­кIэ и секторым и щIэныгъэлI нэхъыжь, филологие щIэ­ны­гъэхэм я доктор, профессор Гъут Iэдэм и деж тхьыри, ар си рецензенту схухэлэ­жьыхьыж­ри, 2001 гъэм япэу «Щхьэ­лыкъуэ­дэсхэм я IуэрыIуатэр» къы­дэзгъэкIащ. Сыхэлэ­жьы­хьыжри, ар 2019 гъэм етIуанэу дунейм къытезгъэхьэжащ.
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэ­ныгъэлI цIэрыIуэ, си егъэджакIуэу щыта Нало Ахьмэд­хъан и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу, курыт еджапIэми «Адыгэ псалъэ» газетми зэуэ сыщылажьэу, интервью къеIысхыну пщэрылъ къысщащIащ. Абы щыгъуэ сытегуш­хуэри, «Щхьэлыкъуэдэсхэм я IуэрыIуатэ» си тхылъыр Нало Ахьмэдхъан естащ, ар къызэ­рыщыхъуар иужькIэ жезгъэ­Iэжыну. Зы тхьэмахуэ дэкIри, Ахьмэдхъан редакцэм къэкIуат зы хъуржынышхуэ из Iуэры­Iуатэ къысхуихьри, и нэIэм щIэт студентхэм зэхуахьэсыжауэ щы­та IуэрыIуатэр зэзгъэзэхуэжу къыдэзгъэкIыжыну къалэн къыс­щищIри. Абы щыгъуэ Ахь­мэдхъан чэнджэщ къызитат: «Уэ утхэфынущи тхэ, газетым уигъэгъущынущ. Абы зэман щумыгъакIуэ!». ЗэрыжиIам хуэ­дэу, студентхэм зэхуахьэсыжа IуэрыIуатэр зэзгъэзэхуэжри, 2019 гъэм къыдэзгъэкIащ «Нало Ахьмэдхъан и еджакIуэхэм зэхуахьэсыжа IуэрыIуатэ» тхы­лъыр. 
Абы къыкIэлъыкIуащ хэку­рыс­хэм, кIахэм щыпсэухэм, хамэ къэралхэм щыхэхэс ди лъэп­къэгъухэм къаIуэтэжа пасэрей адыгэ хъуэхъухэр щызэхуэс­хьэсыжа «Пасэрейм пэджэж нобэрей хъуэхъухэр» тхылъыр, ди республикэм къищынэ­мыщIауэ, «Жьэгужь мафIэ» фIэщыгъэр иIэу кIахэми диаспорэми къыщыдэзгъэкIар. Абы хэзгъэхьащ гуфIэгъуэ дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэ­лIа хъуэхъу 200-м нэблагъэ. Лэжьыгъэм и кIэм къыщызгъэ­лъэгъуащ нобэ къэдмыгъэсэ­бэпыж пасэрей псалъэ­хэм я псалъэгъэнахуэр. Ари егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ яхуэщхьэпэну къызолъытэ. 
Ди щIыпIэцIэхэр (къуажэхэм, псыежэххэм я цIэхэр) щызэ­хуэхьэса лэжьыгъэ адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ, щхьэхуэу адыгэбзэкIэ къыдэзгъэкIащ «Шыху­лъагъуэ», «Гъуэгугъэлъагъуэ» то­понимие тхылъ цIыкIухэр. Къы­дэкIыгъуэхэм къыщызгъэ­лъэгъуащ ди щIыналъэм щыIэ жылэхэм, къалэхэм, бгыхэм, джабэхэм, къуэхэм, псыхъуэ­хэм пасэм зэреджэу щытахэр. КъуажэцIэхэр къызэры­щIи­дзэ хьэрфхэм щIызгъужащ зы псэущхьэрэ зы къэкIыгъэрэ я цIэхэр. А лэжьыгъэхэм фIэ­щыгъэ 500-м нэблагъэ къызэ­щIаубыдэ. Псом хуэмыдэу ­гу­лъытэ хуэсщIащ адыгэхэр па­сэм щыпсэуа щIыпIэцIэхэм. 
- Марьям, сабий Iыгъы­пIэхэм щыIэ цIыкIухэм къы­щы­щIэдзауэ курыт еджапIэм и еплIанэ клас­сым щеджэхэм яхуэгъэзауэ иджыблагъэ дунейм къытехьа уи лэжьыгъэ­хэм укъытхутепсэ­лъы­хьамэ ди гуапэт.
- Иджыблагъэ къыдэкIа «Ныб­жьэгъу цIыкIу» тхылъым ихуа псалъэхэр бзищкIэ – адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ – къэдгъэлъэгъуащ. Абы хэдгъэхьа псалъэхэмрэ абыхэм я сурэтхэмрэ зытеухуа елъытауэ зэщхьэщыхащ. Апхуэдэщ щхьэхуэу псэущхьэхэм, къуалэбзухэм, гъудэбадзэхэм, псым хэсхэм, пхъэщ­хьэмыщхьэхэм, хадэхэкIхэм, мывэ лъапIэхэм, щIыуэпсым, нэ­гъуэщIхэм ятеухуахэр. Къы­жыIапхъэщ, зытеухуа темэ и лъэныкъуэкIэ абы пкъыгъуэ 45-рэ зэрихуар. КъызэщIэпкъуэж­мэ, тхылъым псалъэу зы минрэ щэ ныкъуэм щIигъу бзищымкIи къызэщIеубыдэ. 
Адыгэбзэр гъэлэжьэным, нэхъыбэрэ къэгъэсэбэпыным хуэ­фащэ гулъытэ хуэтщIмэ, абы къытхуимыгъэтIэсэн, анэ­дэлъ­хубзэкIэ тхужымыIэн псалъэ щыIэкъым. Лэжьыгъэм щIэ­дзапIэ хуэхъуар хамэ къэ­рал щыпсэу си пхъурылъху цIыкIум адыгэбзэр Iурылъу къэ­гъэхъунырщ. Сабий IыгъыпIэхэмрэ курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэмрэ гъэр икIыху ирилэжьэфыным тес­щIы­хьащ ар. Тхылъым и бжыгъэр зэрымащIэм къыхэкIыу иджыри псоми яIэрыхьакъым. КъызэхъулIэмэ, республикэм и школ библиотекэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ къыдэкIыгъуэмкIэ къызэзгъэпэщыну си ­хъуэпсапIэщ. 
Апхуэдэу иджыри дгъэхьэзыращ сабий IыгъыпIэхэм щыIэ цIыкIухэм яхуэгъэза «Ди фо шырхэм папщIэ» къыдэкIыгъуэ щхъуэкIэплъыкIэр, лъэныкъуитIымкIи псалъэхэр къыщыхьа напэ 340-рэ хъур. Ахэр зытеухуа и лъэныкъуэкIэ зэрызэщхьэ­щыхар къэдгъэлъэгъуащ зэкIэ­лъыхьа напэкIуэцIхэм я къуа­пэхэм я плъыфэхэмкIэ. Абы хэдгъэхьа псалъэхэри бзищкIэ – адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ - къэдгъэлъэгъуащ, транскрипцэр щIыгъужауэ. Зытеухуа и лъэныкъуэкIэ зэхэмыгъуэщэн папщIэ гупитхуу зэщхьэщыха языныкъуэ пса­лъэхэр бзищымкIэ, адрейхэр адыгэ-урыс е адыгэ-инджылыз хьэрфхэмкIэ къэдгъэлъэгъуащ. Иужьрей гупым щыщ псалъэхэм я адыгэ хьэрфылъэхэм дизайнер Iэдакъэ­щIэкIхэр щIыдгъужащ. Къыдэ­кIыгъуэхэм хэдгъэхьа дизайнер лэжьыгъэхэр зейр сипхъу, а IэщIагъэм хуеджа ГъущIапщэ-Къандур Томэщ. Тхылъхэм инджылызыбзэкIэ ихуа псалъэхэм я редакторыр Къандур Язанщ. 
Сабийхэм яхуэгъэза а лэжьыгъэ щхьэпэм къызэщIеубыдэ лъэпкъым и цIыху цIэрыIуэхэр, адыгэ дамыгъэхэр, дунейм и зэхэлъыкIэр, бжыгъэхэр, пщалъэхэр, геометрие пкъы­гъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Къы­дэ­кIыгъуэр и теплъэкIи, и мыхьэнэкIи цIыкIухэр дэзыхьэ­хыным хуэ­щIауэ зэрыдгъэ­хьэзырыным дыху­щIэкъуащ. Ахэр дэIэпы­къуэ­гъу яхуэхъунущ сабий гъэсапIэхэм анэдэлъхубзэ дерсхэр щезыгъэджхэм, ады­гэбзэмрэ инджылызыбзэмрэ зэзыгъащIэ цIыкIухэми яхуэщхьэпэну дыщогугъ. 

Епсэлъар
ТЕКIУЖЬ Заретэщ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)