КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн хэтащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Хьэту Джамбулэт иригъэкIуэкIа видеоконференцым. Ар теухуауэ щытащ жэм лъэпкъыфIхэр гъэхъуным и Iуэху зыIутым, Iэщ лъэпкъхэр егъэфIэкIуэным.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ техникэ, апхуэдэуи технологие я лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэ зэрагъуэтам я фIыгъэкIэ, гъэшхэкIыу къыщIагъэкIым и куэдагъым хагъэхъуэнуи IэмалыфIхэр зэрыщыIэм.
Иужьрей илъэсипщIым ди къэралым къыщызэрагъэпэщыжащ Iэщ лъэпкъыфI щагъэхъу мэхъумэш IуэхущIапIэу минитI, Iэщ мин 792-м нэблагъэ зыщIэхуэну Iуэхэр яухуащ. IэнатIэм гулъытэ зэригъуэтам и фIыгъэкIэ, гъэшу къашым процент 25,6-кIэ хэхъуащ.
УФ-м Къэрал статистикэмкIэ и къулыкъу щIапIэу Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэм къызэритамкIэ, 2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш IуэхущIапIэхэм щагъэхъу Iэщышхуэхэм я бжыгъэр мин 272-м щынэблэгъащ, абы щыщу мин 136,2-р жэмщ.
ШэхэкI продукцэу къыщIагъэкIащ тонн 13-м щIигъу, проценткIэ къапщтэмэ, илъэс кIуам и япэ илъэс ныкъуэм елъытауэ процент 124-рэ мэхъу. Кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ процент 12,8-рэ е тонн 1,5-кIэ хэхъуащ.
КъБР-м и мэкъумэш хозяйствэхэм гъэм и мазихым къриубыдэу зы жэмым хуэзэу шэуэ къыщIашащ килограмм 3741-рэ, ар нэгъабэ и япэ мазихым зэрыхъуу щытар килограмм 3136-рэт.