Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм зыхуагъэхьэзыр советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъур гъэлъэпIэным

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий правительствэм и Унэм бадзэуэгъуэм и 3-м зэIущIэ щхьэпэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ етIанэгъэ илъэс 30 зэрырикъур гъэлъэпIэ-ным.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правитель­ст­вэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мовсисян Грант, КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, Афганистаным, зауэ щекIуэкIа нэгъуэщI щIыпIэхэм я ветеранхэм я жылагъуэ зэгу­хьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и пашэ Тхьэгъэлэдж Тимур, КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Тюбеев Альберт сымэ.

ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэ­кIуэкIащ КIуэкIуэ Юрий. Абы и къэпсэ­лъэныгъэм къыхигъэщащ ветеранхэм адэкIи ядэIэпыкъун, сыт и лъэныкъуэкIи защIэгъэкъуэн зэрыхуейр.

- Гулъытэншэу къэдгъанэ хъунукъым Афган зауэм хэта ди лъахэгъухэм ящыщу зы ветерани. Ахэр яхуэдэщ Хэку зауэш­хуэм и ветеранхэм, мы зэманым Сирием дунейпсо терроризмэм щыпэщIэт ди зауэлIхэм, - къытеувыIащ КIуэкIуэр. - Совет сэлэтрэ офицеру мелуан ныкъуэм щIигъу хэтащ Афган зауэм. Абыхэм ящыщу 1800-м щIигъур Къэбэрдей-Балъкъэ­рым икIащ. Ди щIыналъэм щыщ зауэлI­хэм ящыщу 54-м я гъащIэр щIатащ ди къэралым и гъунапкъэхэр хъумэным, 300-м щIигъур илIыкIащ а зауэм къащытехуа уIэгъэмрэ къащыпкърыхьа узы­фэхэм-рэ.

Республикэм и пашэм зэрыжиIамкIэ, Афганистаным щызэуахэм, абыхэм я унагъуэхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэн хуейщ. Апхуэдэу зыхуей хуэгъэзэжыпхъэщ абыхэм я фэеплъу Налшык дэтыр. А Iуэхугъуэм жылагъуэ мы­хьэнэи етыпхъэщ. ЩIэблэм хэкупсэ гъэ­сэ­ныгъэ етыным и лъабжьэ щIын хуейщ ар.

Советыдзэхэр Афганистаным къызэры­ра­шыжрэ илъэс 30 зэрырикъур гъэлъэ­пIэнымкIэ КъызэгъэпэщакIуэ комитет къы­щызэрагъэпэщащ зэIущIэм. Абы и унафэщIу хахащ Къуэдзокъуэ Мухьэ- мэд.

Къэрал тхыдэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэр ди республикэм зэрыщагъэлъэпIэнум теухуауэ яIэ гупсысэхэмкIэ зэIущIэм кърихьэлIахэм ядэгуэшащ Тхьэгъэлэдж Тимуррэ Зумакулов Борисрэ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.