|
ГЪЭ ЕДЖЭГЪУЭЩIЭМ ХУЭЩIА ТЫГЪЭ
30 июля, 2021 - 09:28
Май щIыналъэм хыхьэ Ново-Ивановскэ къуажэм щыпсэу ныбжьыщIэхэм 2021 - 2022 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу тыгъэ гуапэ къапоплъэ. ФокIадэм и I-м жылэм къыщызэIуахыну я мурадщ сабий 440-рэ зыщIэхуэну курыт школыщIэ.
Ухуэныгъэр зэрекIуэкIым набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ республикэм и унафэщIхэр. А мурадыр яIэу мы махуэхэм а къуажэм щыIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Зауррэ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзоррэ. Ахэр арэзы хъуащ Iуэхур зэрызэфIэкIымкIэ.
НаIуэ зэрыхъуамкIэ, ухуэныгъэм и нэхъыбапIэр зэфIэкIакIэщ. ЕджапIэхэр зэрыщытын хуей иджырей мардэхэм хуэкIуэу ящIа IуэхущIапIэм хэтщ шхапIэ, медицинэ IэнатIэ, фильмотекэ, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щебгъэкIуэкI хъуну пэшышхуэ, спортзал ин. ЕкIуу, зыхуей унэлъащIэхэр щIэту къызэрагъэпэщ абы хэт класс пэшхэмрэ лабораторэхэмрэ, программэм и лейуэ ныбжьыщIэхэм щадэлэжьэну пэшхэр. Школым хиубыдэ щIыпIэм щаухуэ стадионрэ топ джэгупIэрэ, баскетболымрэ волейболымрэ хуэщIа утыкухэр.
«Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ яухуэ курыт школым псори зэхэту текIуэдэнущ сом мелуан 343-рэ. Апхуэдэ ухуэныгъэм хуэныкъуэ дыдэт жылэм дэс ныбжьыщIэхэр.
|
29.03.2024 - 08:57 Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. |
|
29.03.2024 - 08:56 КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм |
|
29.03.2024 - 08:56 Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. |
|
28.03.2024 - 09:03 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. |
|
28.03.2024 - 09:03 Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. |
|