Урысейм щыщ щIэныгъэлIи 120-м Президент Путин Владимир «Тхыгъэ зэIуха» хуагъэхьащ Адыгэ Республикэм хыхьэ Лъагъуэнакъэ тафэм щрагъэкIуэкIыну я мурад ухуэныгъэхэр и нэIэ щIигъэувэну елъэIуу.
2019 гъэм щIышылэм и 20-м Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым зэрызыхуигъэза тхыгъэм щытепсэлъыхьауэ щытащ заповедниккIэ зэджэ, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэм епха лэжьыгъэхэр зэрызэфIахыпхъэм теухуауэ: «Тхыдэ фэеплъу къалъытэ щIыпIэхэр туризм IуэхукIэ къагъэщхьэпэнкIэ хъумэ, абыхэм яубыд щIымрэ щIыуэпсымрэ хъумэныр нэхъапэу щытын хуейщ, «экологический туризм» фIэкIа езэгъынукъым апхуэдэ щIыпIэхэм. ЩIым щыщ Iы-хьэ пычын, абы жыг къыщиупщIыкIын, ухуэныгъэ Iуэху щыукъуэдиин хуэдэхэр абыхэм ехьэлIапхъэкъым. Шэч хэлъкъым апхуэдэ щIыналъэхэм щыпсэу цIыхухэм я гукъыдэжыр къыпфIэмыIуэхуу зэрымыхъунуми».
А Iуэху бгъэдыхьэкIэ узыншэр ягу къагъэкIыжкIэрэ, щIыуэпсым елэжь щIэныгъэлIи 120-м Президентым зыхуагъазэ Лъагъуэнакъэ тафэм щаухуэну загъэхьэзыр турист екIуэлIапIэм епха лэжьыгъэхэр нэуфIыцIщхьэрыуэу кърахьэжьэныр яхуимыдэну елъэIуу.
ЩIэныгъэлIхэм я тхыгъэм къыхагъэщ 2021 гъэм гъатхэпэм и 6-м УФ-м и Правительствэм Лъагъуэнакъэ «биосферэ полигон» жыхуаIэм хуэ- дэ зэрыщаухуэнум теухуа Унафэ №561-м Iэ зэрыщIидзар. Сом меларди 7,6-рэ зытекIуэдэну а ухуэныгъэм и Iуэхур мызэ-мытIэу и къэпсэлъэныгъэхэм къыщиIэтащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурати. Бытырбыху иджыблагъэ щекIуэкIа Экономикэ зэхуэсышхуэми абы щытепсэлъыхьащ. Ауэ ахэр зэреплъымкIэ, Лъагъуэнакъэ тафэм щызэхуэхьэса щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм Iэ пхъашэкIэ уеIусэмэ, абы къыщыкI удзхэри, ис хьэпщхупщхэри, псэущхьэхэри, бзухэри, Адыгеймрэ Краснодар краймрэ псы къабзэкIэ зыщыгугъ псыежэххэм къэс щIыщIагъ псыхэри кIуэдыжынкIэ хъунущ. ЩIэныгъэлIхэм дэтхэнэ зыри къыхураджэ къаIэта Iуэхур даIыгъыу щIыпIэ телъыджэр яхъумэну.