Путин Владимир еджакIуэхэм я «Зыгъэпсэхугъуэ ин» урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтахэу Артек щызэхуэсахэм видеоконференц мардэм тету яIущIащ.
НыбжьыщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ защыхуигъазэм къэралым и унафэщIым къыхигъэщащ мы гъэм а гупышхуэм, зэкъуэтым япэ дыдэу етхуанэ, еханэ, ебланэ классхэм щIэс цIыкIухэри зэрахыхьар.
«Нобэ Iэмал имыIэу дытепсэлъыхьынщ фи проектхэмрэ зыIэрывгъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ, ауэ, псом япэрауэ, фэри къывбгъэдэкIыу сэлам гуапэ ясхыну сыхуейщ «Зыгъэпсэхугъуэ иным» хэтыну мурад зыщIу а хъуэпсапIэм лъэIэса еджакIуэ псоми, колледжхэм я студентхэми - ахэр Урысейм щыщ ныбжьыщIэ мелуанитIрэ ныкъуэрэ мэхъу, ди къэралым и щIыпIэ псоми, къалэшхуэхэмрэ къуажэ мыинхэмрэ къикIауэ», - къыхигъэщащ Путин Владимир.
Къэралым и Президентым щхьэхуэу фIыщIэ яхуищIащ зэпеуэм хэтахэм я адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
Зэпеуэм щыщ Iыхьэу «Урысейр зэгъэцIыху!» зыфIащам и кIэух Iыхьэм хэта, Налшык къалэм щыщ Кумыщ Сафие жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэу къызэрилъытэр. «Мыбы туризмэм зыщегъэужьын хуейщ. Сэ си къалэр телъыджэщ икIи ар Урысей псом илъагъун хуейщ!» - къыхигъэщащ пщащэм.
Путин Владимир и гугъу ищIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыкIуам ди республикэм и дахагъэм итхьэкъуауэ зэрыщытам.
«Япэ дыдэу сыныщыкIуам зыхэсщIауэ щытахэр сщыгъупщэжакъым. Бгым сыдэкIуейри зысплъыхьащ: дыгъэр нуру къепсырт, уафэр къащхъуэт икIи сегупсысащ: нэхъ пасэу сыту сымылъэгъуарэт мыхэр. Мыпхуэдэ дахагъэр иджы слъагъуныр си насып къызэрырихьэкIари сыту фIыт. ИкъукIэ щIыпIэ дахэщ. Республикэ дахэщ. Сэ абы мызэ-мытIэу сыщыIащ. Фибгхэм лыжэкIэ сыкъежэхащ. Фи къурш телъыджащэхэм», - жиIащ Урысейм и Президентым.