Уэлбанэшхуэм зэтрикъутахэр зэфIагъэувэж

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ муниципаль-нэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэр зыхэта зэIущIэ. Абы кърихьэлIащ Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щы­Iэм и унафэщIым и япэ ­къуэдзэ Чёрный Михаил.
Тхьэмахуэ махуэм республикэм щыIа уэлба­нэшхуэм, жьапщэм зэтракъутахэр гъэзэкIуэжыным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэм щы­хэплъащ зэIущIэм.
Чёрный Михаил жиIащ ­дуней къэхъукъащIэ къызэ­ры­мыкIуэм цIыху зэры­хэ­мыкIуэдар, ауэ электрокъарур муниципальнэ щIы­налъэ псоми я жылэ зыбжанэм щыIуачын хуей зэ­­рыхъуар. МЧС-мрэ муниципальнэ зэгухьэныгъэ­хэмрэ я къару псори щы­ты­кIэр гъэзэкIуэжыным зэры­хуаунэтIар къыхигъэщащ абы. МЧС-м и лIыкIуэм дя­пэкIи сакъын зэрыхуейр жиIащ, дунейм иджыри апхуэдэу зыкъызэридзэ­кIынкIэ, жэщ-махуэ гъунэ­гъухэми щIыуэпсым къэхъукъащIэ къызэры­мыкIуэ­хэр къызыкъуихынкIэ зэрыхъунум къыхэкIыу.
Муниципальнэ зэгухьэ­ныгъэхэм я администрацэ­хэм я Iэтащхьэхэм жаIащ уэл­банэшхуэм къиша зэ-фIэ­мы­­хьэныгъэхэр гъэзэ­кIуэ­жыным жэщым, уэш­хымрэ жьымрэ зэрыувыIэу яужь зэрихьар. Мы зэманым ирихьэлIэу уэздыгъэ иратыжащ ар щыIуача жы-лэ псоми, ХьэтIохъущы­къуей къуажэмрэ Налшык къалэмрэ я хьэблэ зыбжанэм иджыри абы хуэу­нэтIа Iуэхухэр щрагъэкIуэкI. ЩIыналъэхэм щолажьэ хэ­щIыныгъэу ягъуэтар зыхуэдизыр зыгъэбелджылы комиссэхэр.
Республикэм и къалащ­хьэм жьым щрищIыкIащ жыг тхущIым щIигъу, ­ЖКХ-м и IэнатIэхэр ахэр пы­хыным, гъуэгухэм тегъэкъэ­б­зыкIыным яужь итщ. Iуащ­хьэ­махуэ щIыналъэм, Прохладнэ - Бахъсэн - Iуащхьэмахуэ автомобиль гъуэгум и 83-нэ километрым, Нейт­ринэ къуажэм деж хуэзэу гъуэгу метр 20-м ятIэпс ­трихьащ, ущызекIуэнкIэ Iэмал имыIэу. Гъуэгум къыт­рихьахэр трагъэкъэбзы­кIыж­ри, ар къызэIуахыжащ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек пщэрылъ ящи­щIащ уэлбанэм зэтрикъутахэр зэрагъэпэщыжыну, щы­ты­кIэр зи нэIэ щIэтын хуей IэнатIэхэр абы адэкIи наб­дзэгубдзаплъэу кIэлъы­п­лъыну, къэхъукъащIэ къыз­э­­ры­мыкIуэхэм хуэхьэзыру щы­тыну.
Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм ящыщу зэIущIэм щыхэплъащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэры­пэщIэт мастэр республикэм щыпсэухэм яхэлъхьэным ­теухуа лэжьыгъэр зэре­кIуэкIым. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и ми­нистр Къалэбатэ Рустам жи­Iащ мы махуэм ирихьэлIэу вакцинэр цIыху 77091-м зэрыхалъхьар, ­етIуанэ хэIугъуэр 42579-м зэ­рырахьэлIар. Республикэм вакцинэ иджыри къы­Iэрохьэ, мастэр щыхалъхьэ щIыпIэ 51-р зэпымыууэ мэлажьэ. Госпиталхэм цIыху 460-м щоIэзэ, псори зэхэту абыхэм гъуэлъыпIэ 580-рэ щIэтщ, иужьрей жэщ-махуэм коронавирус узыфэ зэрыцIалэр цIыху 46-м къеуэлIауэ къахутащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)